Политикэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм
мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №221-ПП
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэхэр

«ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ языныкъуэ Iуэхухэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

ХЪУЭХЪУ

ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
Уэри узиунафэщI «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэми си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей печатым и махуэмкIэ!
ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ фи газетыр щытщ къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэр я анэдэлъхубзэкIэ щIэджыкIакIуэхэм ялъэзыгъэIэс Iэмал нэхъыщхьэу. Ар я Iэпэгъущ нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирилажьэхэми.

КъакIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

2019 гъэм и япэ махуэхэм «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым я нэгу зыщезыгъэужьа туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым щыIам елъытауэ.

Нэхъыжьыр ягъэгушхуэ

Хэку зауэшхуэм хэта Герасименкэ Нинэ мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

КъБР-м и Правительствэм Шынагъуэншагъэм тращIыхьу

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъэхъукъащIэхэмрэ абыхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэр.

Ныкъусаныгъэхэр къагъэлъагъуэ

КъБР-м и Парламентым щылажьэ ЧэнджэщакIуэ, Жылагъуэ советхэм хэтхэм дыгъэгъазэм и 21-м зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр зэрахъумэмрэ ар къызэрагъэсэбэпымрэ.

Медведев Дмитрий иригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэр. Связым и Iэмалхэр къигъэсэбэпри абы хэтащ КIуэкIуэ Казбек

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ Урысейм и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэ. Связым и видеоконференц Iэмалхэр къигъэсэбэпри абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм иригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ

Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ илъэсыщIэ гуфIэгъуэхэр щрагъэкIуэкI зэманым жылагъуэ шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщынымрэ хабзэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэм.

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэр Матовников А. А. Грознэ къалэм щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек

Грознэ къалэм Матовников Александр щригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Страницы

Подписка на RSS - Политикэ