УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэр Матовников А. А. Грознэ къалэм щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек

Грознэ къалэм Матовников Александр щригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэм щыхэплъащ цIыхухэм пщIэншэу ират медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр къэIэтыным, медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ, мылъкукIэ, хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыр егъэфIэкIуэным.
- ЦIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратым пыщIа Iуэхухэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ яIэщ, жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Матовников А.А. - Аращ мы Iуэхум хэхауэ нобэ тепсэлъыхьыпхъэу къыщIалъытар.  ЩIыналъэм властымкIэ и органхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыныр, цIыхухэм я псэукIэмрэ узыншагъэмрэ егъэфIэкIуэныр. Абы къыхэкIыу псоми ди мурадыр зыщ - мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхур дэгъэкIынырщ, ныкъусаныгъэхэр гъэмэщIэнырщ, - къигъэлъэгъуащ Президентым и полномочнэ лIыкIуэм.
Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Яковлевэ Татьянэ зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ «Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным хиубыдэу къэралым щызэтеува демографие щытыкIэм. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъект псоми цIыхухэр нэхъыбэрэ щопсэу, Урысей Федерацэм и адрей щIыналъэхэм елъытауэ. Иужьрей илъэсхэм мыбы нэрылъагъуу нэхъ мащIэ щыхъуащ сабий цIынэу, лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыхуу лIэхэм я бжыгъэр. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, цIыхухэр ику иту Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыпсэу илъэс бжыгъэр нэсынущ «2024 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэмрэ стратегие къалэнхэмрэ я IуэхукIэ» 2018 гъэм накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указ №204-м къыщыгъэувам.
«Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным ахъшэшхуэ - сом триллион 1,3-рэ тригъэкIуэдэну къэралым и мурадщ. Ауэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм зэрырат щIыкIэр тэмэму убзыхунми мыхьэнэшхуэ иIэщ», - жиIащ Яковлевэ Татьянэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и псалъэм къыхэщащ республикэм и онкологие диспансерым и нобэрей щытыкIэм зэрытегузэвыхьыр. А IуэхущIапIэм иIыгъыр 1931 гъэм ящIауэ щыта унэщ, перинатальнэ центрыр ягъэIэпхъуа нэужь ар зыщIэсар зэрыратыжами зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыдэкIуэнукъым. Иджыпсту республикэм и унафэщIхэр Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм гурыIуащ а Iуэхум адэкIи егупсысу хэкIыпIэ гуэр къыхуагъуэтыну.

 

УФ-м и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым и пресс-IуэхущIапIэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: