КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм иригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ![]() Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щригъэкIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ илъэсыщIэ гуфIэгъуэхэр щрагъэкIуэкI зэманым жылагъуэ шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщынымрэ хабзэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэм. «Хабзэхъумэ къарухэм я зэфIэкIым дыщыхэплъэжкIэ гулъытэ хэха хуэтщIын хуейщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм хабзэншагъэхэр къыщымыгъэхъуным, ведомствэхэр зэрызэпыщIар егъэфIэкIуэным. Республикэм щыIэ щытыкIэм зэпымыууэ кIэлъыплъыпхъэщ. КъыкъуэкIынкIэ хъуну шынагъуэхэр и зэманым къыдгурымыIуэмэ, ахэр къэмыгъэхъуным хуэгъэза унафэ тэмэмхэр къыпхуэщтэнукъым», - къигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться:
Читать также:
27.12.2025 - 09:58 →
Парламентым щагъэлъапIэ
01.11.2025 - 12:29 →
ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ
01.11.2025 - 11:50 →
Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь
04.10.2025 - 15:47 →
ЛIыхъужьхэм яIуощIэ
06.09.2025 - 10:55 →
ПсэукIэ тынш къызэрагъэпэщ
| ||





