КъБР-м и Правительствэм Шынагъуэншагъэм тращIыхьу

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъэхъукъащIэхэмрэ абыхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэр.

Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэлэтокъуэ Владимир зэIущIэр къызэIуихащ гупым хэтхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, комиссэм и унафэщIу лэжьэнущ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, къищынэмыщIауэ, абы хагъэхьащ УФ-м и Президентым КИФЩI-м и IуэхухэмкIэ и полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым и къэпщытакIуэ нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ИлъэсыщIэ зэхыхьэхэр щекIуэкIыну IуэхущIапIэхэм мафIэс шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщам.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ КъБР-м и Правительствэмрэ КъБР-м и Профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэмрэ илъэс къэс сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэщ ИлъэсыщIэ зэхыхьэ нэхъыщхьэм мы гъэм ныбжьыщIэ мин 12-м щIигъу зэрыхэтынур.
- КъБР-м и Правительствэм унафэ зэрищIамкIэ, ИлъэсыщIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр дыгъэгъазэм и 27-30-хэм, апхуэдэуи щIышылэм и 2-9-хэм щекIуэкIынущ Профсоюзхэм я унэу Налшык къалэм дэтщ. Абы кърашэлIэнущ республикэм и курыт еджапIэхэм я 1 - 7-нэ классхэм щеджэ сабий мин 12-м щIигъу», - жиIащ Асановым.
Абы къызэрыхигъэщамкIэ, псом япэу а Iуэхухэм кърагъэблагъэ унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм къыщыхъу сабийхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, зеиншэхэр.
ЗэIущIэм щедэIуащ КъБР-м и министерствэхэм я нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэр ИлъэсыщIэмрэ щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэмрэ зэрыхуэхьэзырым, псом хуэмыдэу абыхэм мафIэс шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщам.
Урысейм и МЧС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэжыкъарэ Мухьэмэд жиIащ 2018 гъэм республикэм мафIэс 520-рэ къызэрыщыхъуар. Абыхэм цIыхуи 7 хэкIуэдащ, 46-м фэбжь хахащ. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэм республикэм хэщIыныгъэу къыхуихьар сом мелуан 93-рэ мин 644-рэ мэхъу (абы хэтщ Налшык къалэм и бэзэр нэхъыщхьэм къыщыхъуа мафIэсри).
- 2013 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ тхузэфIэкIащ мафIэсхэм сабий хэдмыгъэкIуэдэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2018 гъэм фэтэр куэду зэхэт зы унэм къыщыхъуа мафIэсым сабиитI къыщытхуегъэлакъым, - жиIащ Хьэжыкъарэм. - 2018 гъэр къызэрихьэрэ, унэ кIуэцIхэм кIуэцIрыкI кIапсэхэмрэ электроIэмэпсымэхэмрэ я зэранкIэ мафIэсу 151-рэ республикэм къыщыхъуащ, 16-р къыхэкIащ цIыхухэм газ Iэмэпсымэ жьы хъуахэр къызэрагъэсэбэпам. 2015 - 2018 гъэхэм газ гъуэзым цIыхуи 6 итхьэлащ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ къэхъукъащIэхэр нэхъыбэу къыщохъу социальнэ, къэрал кIуэцI IэнатIэхэм я учетым щыт, бын куэд щапI унагъуэ хуэмыщIахэр щыпсэу унэхэм. Хьэжыкъарэм жиIащ ахэр мафIэсым щахъумэн папщIэ цIыхухэр зыхуэсакъыжыну къызэрыхураджэр зэрымащIэр, абы къыхэкIыу Урысейм и МЧС-м къыхилъхьащ бын куэд щапI унагъуэ хуэмыщIахэм электрическэ, газ Iэмэпсымэхэр зэрахъуэкIынымкIэ ядэIэпыкъун хуейуэ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и социальнэ, къэрал кIуэцI IэнатIэхэм зи нэIэ трагъэт апхуэдэ унагъуэхэр 415-рэ мэхъу, бын куэд щапI унагъуэ хуэмыщIахэр - 165-рэ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, абыхэм я шынагъуэншагъэр зэрагъэпэщыныр 2019 гъэм япэу гулъытэ зыхуащIынухэм ящыщщ.
Комиссэм хэтхэм яубзыхуащ илъэсыщIэм ирагъэкIуэкIыну нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: