КъакIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

2019 гъэм и япэ махуэхэм «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым я нэгу зыщезыгъэужьа туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым щыIам елъытауэ.

КIапсэ гъуэгу псори мэлажьэ. ХьэщIэщхэм цIыхухэр щIэзщ. Мы гъэм Чегет бгым и джабэ нэкIухэм щагъасэ нэхъапэм лыжэхэм темыувахэри.
КъежэхыпIэхэр зэрыдагъуэншэм, сабийхэмрэ къэжыхьын щIэзыдзагъащIэхэмрэ щIыпIэ щхьэхуэхэр зэрыхухахам, шынагъуэншагъэр нэсу къызэрыщызэгъэпэщам, уасэхэр зэрыезэгърабгъум ди республикэм къешэ Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIхэри. Апхуэдэуи, Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэлъагъуну я нэ къокI Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ адрей хэгъэгухэм щыщхэми.
Бысымхэри хуэмыхукъым: ахэр хущIокъу къахуеблагъэхэм тыншыгъуэ псори къахузэгъэпэщыным. Iуащхьэмахуэ лъапэ хуэкIуэ гъуэгу закъуэм машинэхэр щызэтримыхьэн папщIэ, Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм, псори зэхэту, щагъэхьэзыращ автомобиль мини 2-м нэблагъэ щыбгъэув хъуну щытыпIэ щхьэхуэхэр. ИужькIэ абыхэм къикIыу, здэкIуэну щIыпIэм нэс хьэщIэхэм автобусхэмкIэ зрагъашэ хъунущ.
КъызэрымыкIуэ щытыкIэ ихуа туристхэр жэщми махуэми псалъэ хъунущ абы папщIэ щыIэ телефонымкIэ.
Иужьрей гъэхэм гу зэрылъатамкIэ, ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу, «Iуащхьэмахуэ» курортым, ику иту, цIыху мин 40-50-м нэс къокIуалIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2015 гъэм мы щIыпIэм щаухуащ Урысейми Европэми щынэхъ лъагэ дыдэ кIапсэ гъуэгур.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: