Жылагъуэ

Иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэп

Гум екIуалIэ лъынтхуэхэмрэ къуэпсхэмрэ лъы тэмэму зэралъэмыIэсым къыхэкIыу, цIыхур инфаркт мэхъу. Апхуэдэ сымаджэхэм икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу ямыгъуэтмэ, операцэ ямыщIмэ, лIэнущ. Иужьрей IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпурэ, апхуэдэ операцэ хьэлъэхэр гущхьэм щрагъэкIуэкI КъБР-м и Кардиологие диспансерым.

ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкIа цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Къыщежьар нобэкъым

Псэущхьэ инхэмрэ цIыкIухэмрэ я фэм къыхах щыгъыныгъуэхэмрэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хуэмейуэ нобэ къоув Европэ къэралыгъуэхэм я цIыху куэд. Абыхэм а Iуэхур зэрыдаIыгъыр нэрылъагъуу, мы гъэм и щIымахуэм бжьыпэр яIыгъащ шубэ, джэдыгу IэрыщIхэм.  Ахэр дахэу, егугъуу зэращIым псы дзыгъуэхэм, дзыдзэхэм, кIэпхъхэм, мэз джэдухэм я фэхэм къыхаххэм уригъэплъыжыркъым.  Я хуабагъкIэ жыпIэнщи, адрейхэм къакIэрыхуркъым, къищынэмыщIауэ, зехьэгъуафIэщ, псынщIэщ, хъун еуэнукъым, псыIагъэр зэран хуэхъунукъым.

Я мурадыр къызэпаудащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм  и лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ «РЖД» ОАО-м и къудамэм Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум и лэжьакIуищым  гъэсыныпхъэхэр ядыгъуну зэрыхэтар.  
УФ-м и Следственнэ комитетым  КъБР-м щиIэ Управленэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 
Къыумылэжьар хьэлэлкъым

ЯщIэр жаIэм щытемыхуэм

ЦIыху куэдым яфIэфIу пщэдджыжьыпэм ираф кофер зэрымысэбэпым зэман куэдкIэ дыщIагъэдэIуащ. Иджы къызэрыщIэкIар, абы уефэным нэхърэ, уемыфэныр нэхъ зэранущ.
ЩIэныгъэлIхэм я иужьрей псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, кофем цIыхум и узыншагъэр ирегъэфIакIуэ, уеблэмэ ирамыгъэлейуэ ар изыфхэм я гъащIэм илъэси 4-5 хэхъуэнущ. Зы махуэ щапхъэу 4-5 уефэныр къещтэ, ар экспрессэу е капучинэу щытмэ, ауэ а бжыгъэр 8-9-м нэбгъэсыныр къезэгъыркъым.

Нобель и саугъэтыр

Нобель и саугъэтыр дуней псом нэхъ тыгъэ лъапIэу къыщабж. Швед щIэныгъэлI, химик Нобель Альфред игъэбелджылауэ щыта саугъэтыр ят 1901 гъэм щегъэжьауэ. ЩIэныгъэлIым уэсяту къызэригъэнам тету, саугъэтыр ират физикэм, химием, медицинэм, физиологием, литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм, дуней псом мамырыгъэ щыIэным папщIэ Iуэху къызэрымыкIуэ зылэжьыфхэм. 1969 гъэм саугъэт зратхэм хагъэхьащ экономикэмкIэ щIэныгъэлIхэри. Саугъэтыр ят Нобель Альфред дунейм щехыжа махуэм – дыгъэгъазэм и 10-м.

Газетым и махуэшхуэр яIэт

Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэ макъ» республикэ газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэси 100 зэрырикъуам теухуа зэIущIэ гуапэ. 

Илъэси 100 хъуауэ хабзэм и хъумакIуэщ

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ  Управленэр  илъэси 100  мэхъу -  ар  къызэрагъэпэщауэ щытащ 1923 гъэм гъатхэпэм и 31-м.   Абы и пщэрылът а  зэманым мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэу  революцэм и бийхэм, щIэпхъаджащIэхэм ебэныныр, цIыхухэр  хабзэншагъэхэм  щыхъумэныр.    

Лъэпкъым папщIэ и псэр итынут

Жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, КъШР-м мэкъумэш хозяйстэвмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Къанщауэ Мырзэбэч и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 95-рэ  ирикъунут. Абы и гъащIэр зэрыщыту хуигъэпсащ  къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и зыужьыныгъэм. Ар пэрытащ комсомол, парт IэнатIэхэм. «Хьэбэз» совхоз иным, Жьэкуэ, Алибэрдыкъуэ, Хьэбэз, Инжыдж ЦIыкIу, Елбыргъэн къуажэхэр зыхиубыдэм, илъэс 37-кIэ и унафэщIу щытащ.

Куэд и нэгу щIэкIащ а цIыхум: зауэри, абы къыкIэлъыкIуа илъэс гугъухэри, СССР-р лъэ быдэкIэ зэрыувари, ар 90 гъэхэм зэрылъэлъэжари.

Интернетым дыкъыщоджэ

ЛIы гуэрым унэщIэ къищэхури Iэпхъуэжат. Лъапсэ къищэхуам хадэ иIэт, пхъэщхьэмыщхьэ IэфIыр куэду къапIыкIэрт абы ит жыгхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ