ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкIа цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу пкъырылъым къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм языхэзым ныкъусаныгъэ къылъыкъуэкIмэ, ар Iэпкълъэпкъ псом йофыкI, цIыхур сымаджэ мэхъу.

ЦIыху Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэр сыт хуэдизу гугъуу щымытами, ар къызытехъукIыжыр зы налъэ (клеткэ) закъуэщ — яйцеклеткэм. Яйцеклеткэм и кугъуэм щызэхуэхуса информацэращ зыхуэныкъуэр, микроскопкIэ фIэкIа кьыпхуэмылъагъу зы налъэ цIыкIум цIыху хьэзыр къыхэхъукIын папщIэ. ЦIыхубзым зэрыуэндэгъур иджыри къимыщIэ щIыкIэ, махуэ 31 - 32 фIэкIа иримыкъуа ныбэрылъым и псантхуэр хьэзыр мэхъу, и щхьэкуцIым лэжьэн щIедзэ. Абдеж щыщIэдзауэ, цIыхур дунейм ехыжыху, сыт ищIэми, сыт жиIэми, Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэри, узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсэури и щхьэкуцIыр аращ.

Анатомием щхьэхуэ-щхьэхуэу едж Iэпкълъэпкъыр: къупщхьэлъапщхьэр, псантхуэр, лъынтхуэр, ныбэм илъ пыкъыгъуэхэр, лым я ухуэкIэр. Дэри абыхэм зэхэгъэщхьэхукIауэ дриплъэнщ.

ЛыпцIэм и ухуэкIэр

Пэжщ, Iэпкълъэпкъыр зыIыгъыр къупщхьэращ, ауэ ар езыр-езыру зэфIэтыфынутэкъым лыпцIэ ешэкIауэ, хуэмрэ псантхуэхэмрэ къупщхьэр ямыунэтIу щытатэмэ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэри Iыхьэ-Iыхьэу зэхедз, икIи абыхэм я бжыгъэр 600-м щхьэпрокI. Языныкъуэ лыпцIэхэм (псалъэм папщIэ, Iэпщэм е куэм) я лэжьэкIэр тлъагъуу, зыхэтщIэу щытми, дызэриIэр дымыщIэххэу лыпцIэ куэд дыдэ кIуэцIми илъщ. Апхуэдэу, лыпцIэ щхьэхуэщ гури, лъатэри, бгъэмрэ ныбэмрэ я зэхуаку дэлъ, цIыхум и тхьэмбылыр зыгъэлажьэ диафрагмэри, нэгъуэщIхэри.

ЛыпцIэр налъэ кIыхьурэ зэхэлъщ, языныкъуэхэр къупщхьэм ешэкIыпащ, адрейхэр хуэкIэ къупщхьэм епхащ. ЦIыхум нэхъыбэрэ къигъэсэбэп лыпцIэхэр нэхъ ин мэхъу. Псалъэм папщIэ, къыщикIухькIэ и лъэнкIапIэм, куэм, пхэщIыщхьэм нэхъ трекъузэри, ахэр нэхъ инщ. Апхуэдэщ Iуэху щищIэкIэ, щыIэбэкIэ къигъэсэбэп Iэпщэри. ЦIыхум и хьэлъагъым и Iыхьэ щанэр зыубыдыр дызытепсэлъыхь лыпцIэхэращ.

Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэ Iыхьэ къэс къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэщIащэм къекIуэкI лыпцIэм напIэр зэтрепIэ, зэтрехыж, натIэм телъым уи напщIэр дрешей, Iэпщэм телъым IэфракIэ къупщхьэр егъэлажьэ, ныбэм телъ лыпцIэм цIыхум и пкъым зрегъэгъазэ, куафэм телъым лэгуажьэр зэфIегъауэ, гъуэбзиикIэм телъым лъэтхьэмпэр зэрегъакIуэ, лъэнкIапIэм лъэдакъэр къеIэт, пщэм хэлъым щхьэр егъэкIэрахъуэ. Спортым хэтхэм нэхъыбэрэ ягъэлажьэ лыпцIэм елъытауэ я теплъэми зехъуэж.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лыпцIэм къалэнышхуэ егъэзащIэ. Абы и мыхьэнэр нахуэ тщыхъун папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. ЦIыхур лъагэ гуэрым къехуэхрэ и тхыцIэр зэтрихуарэ, сэ хигъэIэбэну хуэмеймэ, тхыцIэ ехым и бгъуитIымкIэ къепха лыпцIэр игъэлажьэурэ, ткIий ищIа нэужь, тхыцIэ зэтекIар абы и пIэм ирегъэувэж. Абы зэреджэр «лыпцIэ куэншыбэщ».

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым лыпцIэ нэхъ ин дыдэу илъыр и пхэщIыщхьэрщ, нэхъ лъэ-щыр и гур аращ.

Дэтхэнэми ицIыхуу къыщIэкIынущ хуэш жыхуаIэр. ЦIыхум куэдрэ Iуэху ищIэмэ е спортым зыдригъэхьэхрэ лыпцIэр зэпымычу лажьэмэ, ар ешэщIри, зыри сэбэп мыхъуу, лыпцIэр къимыутIыпщыжу щIешэ. Абы зэреджэр хуэшщ. Апхуэдэхэм деж щIиша лыпцIэм хуэзэу мастэ хаIури, псынщIэу къеутIыпщыж.

ЦIыхур щхьэ лIэрэ?

Узыр е жьыгъэр къызытекIуа цIыхум и Iэпкълъэпкъыр махэ мэхъу: кислородыр лъымрэ щхьэкуцIымрэ нэзыгъэс пкъыгъуэхэр я къалэным пэлъэщыжыркъым, абы къыхэкIыу лъыр хуэм мэхъу, зыхуэгъэкъэбзэжыркъым. КъыкIэлъыкIуэу Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъ налъэхэр хуэм-хуэмурэ «малIэри», цIыхур къарууншэ мэхъу, и Iэпкълъэпкъым илъ пкъыгъуэхэр чэзу-чэзукIэ, иужьу и гумрэ щхьэкуцIымрэ къызэтоувыIэ.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIым хэлъ, Менделеевым и таблицэм ит элементхэр зы къэмынэу цIыху Iэпкълъэпкъым, куэдми-мащIэми, пкъырылъщ. Ар и щыхьэту къыщIэкIынщ цIыхур щIым, щIыуэпсым къызэрыхэкIам. Ауэ нэгъуэщIу укъеплъ хъунущ а къэхутэныгъэм… ЦIыхум и тхыдэр илъэс мелуан бжыгъэ ирокъу, а зэманми къриубыдэу хьэдэ мелард бжыгъэхэри щIым щIалъхьэжащ. ГъэщIэгъуэну пIэрэ-тIэ щIым щIэкIуэдыхьыжахэм къащIэна сабэм химие пкъыгъуэхэр къызэрыхагъуатэр?! Абы къигъэлъагъуэр щIым щIэлъыр зэрынэхъыбэр ар къудейщ.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: