Жылагъуэ

ШколакIуэхэм папщIэ бжэ зэIуха

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. 

Гъатхэ лэжьыгъэхэр

         Къалащхьэм и лъэс зекIуапIэхэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Дэшхуей гуэрэным - псоми гъатхэм зыдащI. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм зэуэ къыщыхутащ техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальнэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэри: жыгхэр яухъуэнщI, лъагэу дэкIеяхэм я щхьэкIэхэр пах. Лэжьыгъэшхуэ къыщрахьэлIахэм ящыщщ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Курыт еджапIэ №1-м ихъуреягъым щыта жыгышхуэхэм еджапIэр къызэрыхэщыж щыIэтэкъым - апхуэдэт уэрам ирикIуэм и бгъуитIри. Жыг куэд бжьыхьэм яухъуэнщIащ, чэзур къызылъысахэм иджыпсту йолэжь.

Псантхуэхэм я лэжьэкIэр

Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ къупщхьэхэмрэ лыпцIэхэмрэ зэпызыщIэжри, цIыхум узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсалъэри щхьэкIуцIым екIуэлIэж псантхуэхэращ. Псантхуэхэр пкъыгъуищу зэхэлъщ: щхьэкуцIыр, тхыцIэм илъ куцIыр, Iэпкълъэпкъ псом игуэша къуэпсхэр.

Яхуэмыгъуэту къагъуэта

ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Архъыз Ищхъэрэм астрофизикэмкIэ щиIэ обсерваторэм и щIэныгъэлIхэм хьэршым зэуэ къыщагъуэтащ «экзопланетэу» (дыгъэм и къэухьщIыбкIэ щыIэхэрщ) 8. Ар, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм я щIэныгъэлIхэр ящIымыгъуу, езыхэм я зэфIэкIым кърикIуа икIи зэи къэмыхъуа телъыджэу къалъытащ.

Саугъэт хуагъэфащэ

Илъэс етхуанэ хъуауэ Инджылызым щат «British Beakon Moskque Awards» лъэпкъ саугъэтыр хуагъэфэщащ иджыри зи ухуэныгъэр ямыубла мэжджытым и архитектурэ убзыхуныгъэм. Мэжджытым къищынэмыщIауэ, абы хэтынущ мыдрисэ, щIэныгъэ центр, спортзал, нэчыхьтхыпIэ, шхапIэ, сату щIапIэ, уеблэмэ узншагъэр щрагъэфIакIуэ пансион.

НаркотикхэкI грамм 292-м щIигъу

 НаркотикхэкIхэр ирагъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ республикэм афиянхэкIхэр куэду къихьэныр къызэгъэпэщыным пыщIа, хамэ къэрал щыщ цIыхум илэжь щIэпхъаджагъэр.
Шэч зыхуащIыр яубыдащ Налшык къалэм щэху гъэтIылъыпIэхэр щищIу. Езыр, ар пIалъэкIэ щыпсэур къыщащым, къытрахащ иригъэкIыну зыхэта героин грамм 292,6-рэ. 

Зи унагъуэбжэр хуэзыщIыжынухэр

 Псалъэ жагъуэщ, пэжкъэ? Ахэр зыхужаIэр Тхьэм и ней зыщыхуахэрщ, унэхъуахэрщ. Сыт щыIэ узэкIуэлIэн уимыIэу укъэнэн нэхърэ нэхъыкIэ? Къэблэжьа мылъкукIэ иумыгъэщIами, уэ абы уи гуащIэ хэплъхьащ, теплъэри, и кIуэцIри, пщIантIэри, къегъэщIылIа псэуалъэхэри къызэрекIуным ухущIэкъуу. Иджы, мис, упагъэкI, игъащIэкIэ ущIэмыхьэну.
 Мы зэманым жылагъуэр куэду топсэлъыхь Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар я тегъэщIапIэу, къыхуэдзэлашхэурэ ди къэралым икIыжахэм ягъэIэпхъуэ мыхъуу кърана мылъкум

КIэ зимыIэ къэкIыгъэ зэблэхъукIэ

Иужьрей илъэсхэм ди республикэм и псыхъуэхэр екIэпцIейхэм зэщIащтэ. ЕкIэпцIэ жытIэ щхьэкIэ, абы и закъуэкъым апхуэдэ щIыпIэхэм къыщыкIыр; зэгуэр тафэ бгъуфIэшхуэу щытахэр мэз гуэрэным щыхуэкIуэкIэ, кхъужьейхэр, зейхэр, пхъэгулъейхэр, къазмакъейхэр, хьэцыбанэр щыкуэдынущ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я фIыгъэкIэ Iэщ хъупIэу къагъэсэбэп ныджэхэр псы къиуам илъэсыртэкъым, псыхэм я гъунэгъуу щыпсэу унагъуэхэми зэран яхуэхъуртэкъым. Езы екIэпцIэ мэзхэрати, цIыхум зыхуеину чы-бжэгъур къыщIашырти, чийхэр яхурт, къуажэм дэс дадэ IэпщIэлъапщIэхэм чий матэхэр къыхащIыкIырт.

Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм щолажьэ административнэ хабзэр къызэпызыудахэр зытх автомат комплекс 212-рэ. 

УнафэщI гумызагъэ

Нобэрей гъащIэм я IуэхущIафэкIэ жыджэру хэт цIыхубзхэм ящыщщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и медколледжым 2004 гъэ лъандэрэ и унафэщI Пщыбий Светланэ. Бзылъхугъэр хэтщ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетхэми. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ