Гъатхэ лэжьыгъэхэр

         Къалащхьэм и лъэс зекIуапIэхэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Дэшхуей гуэрэным - псоми гъатхэм зыдащI. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм зэуэ къыщыхутащ техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальнэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэри: жыгхэр яухъуэнщI, лъагэу дэкIеяхэм я щхьэкIэхэр пах. Лэжьыгъэшхуэ къыщрахьэлIахэм ящыщщ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Курыт еджапIэ №1-м ихъуреягъым щыта жыгышхуэхэм еджапIэр къызэрыхэщыж щыIэтэкъым - апхуэдэт уэрам ирикIуэм и бгъуитIри. Жыг куэд бжьыхьэм яухъуэнщIащ, чэзур къызылъысахэм иджыпсту йолэжь. Ягъэкъэбза жыг щхьэкIэхэр мыгувэу щхъуантIэрыпсу къыдэжыжынущ, зыми зэран хуэмыхъурэ щIыпIэри ягъэдахэу.

         Апхуэдэ лэжьыгъэхэр Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамми къыщрахьэлIэ. Абы тет псей щхъуантIэхэм я къудамэ къелъэхъшэхахэм хэгъукIахэр хагъэкъэбзыкIащ. Уэрамым укIуэцIрыкIыху, кIейхэр нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ щыхъукIэ, ахэр щыхасар нобэ-ныжэбэкъым. КIей щхьэкIэхэм апхуэдизу заIэтащи, еплIанэ-етхуанэ къатхэм нос. Фэтэр зэтетхэм щыпсэу нэхъыжьхэм зэрыжаIамкIэ, языныкъуэхэр илъэс 30-м къриубыдэу зэраухъуэнщIар зэщ. Апхуэдэу щIэхъуами щхьэусыгъуэ иIэу къыщIэкIынут: жыг баринэшхуэхэм уэрамыр зэрагъэдахэм къищынэмыщIауэ, гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм сабэр яубыдырт, жьыр ягъэкъабзэрт… Иджы щытыкIэм зихъуэжащ: кIеймрэ бзиихумрэ бжьыхьэм пымыхуу къапынэ я жылэхэр гъэм и кIыхьагъкIэ къощэщэх. Ахэр зэрыпытым хуэдэу гъатхэр къосри, щIэрыщIэу мэгъагъэ. Апхуэдэрыххэурэ, жыг щхьэкIэм упхымыплъыфу илъэситI-щы хъуа жылэхэр щызэтрехьэ, хьэпщхупщ тIысыпIи мэхъу. Апхуэдэ жыг куэдым я щхьэкIэхэр мы махуэхэм яухъуэнщIащ.

         Iуэхур къезыхьэлIэ лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, иджыпсту паупщIахэр тхьэмпэ къыпыдзэгъуэм нэмыс щIыкIэ къыдэжыжынурэ, пщIащэ къапидзэнуи хунэсыжынущ.

         Лениным и проспектым и кIыхьагъкIэ ущрохьэлIэ псейхэм, тхуейхэм, нэхъ ипщэIуэкIэ - бзиихухэм. Ахэр гъэ къэс щIащэ. Жыг лъабжьэхэм щIэлъу гъэ щIэкIа тхьэмпэ гъуахэри щIагъэкъэбзыкIащ. Адрей илъэсхэм нэхърэ мы гъэм ахэр нэхъыбэт, бжьыхьэ кIыхь дызэриIам къыхэкIыу.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: