Жылагъуэ

Европэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр

Адыгэу мин 40 исщ Германием. Адыгэ Хасэу 13 щолажьэ, къалэ зырызым дэту. Нэхъ инхэм ящыщщ Мюнхен, Кёльн, Мангейм, Вупперталь, Берлин къалэхэм дэтхэр. Адыгэ нэхъыбэ зыдэсыр Кёльнщ. 
Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр Тыркум икIауэ аращ. Илъэс 50-60 ипэ Тыркум ис цIыхухэр Европэм лэжьэну кIуэуэ щытащ. Абыхэм ящыщу аращ Европэм и сыт хуэдэ къэрали Iэпхъуа адыгэхэр.

Куэдым щытепсэлъыхьащ

Хабзэ зэрыхъуауэ, федеральнэ законодательствэр ягурыгъэIуэным, цIыхухэм яIущIэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хиубыдэу, Тэрч районым и прокурор НэгъэцIу Заур Дей къуажэдэсхэмрэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ яхуэзащ. 

Гулъытэ хуащI

«Гъатхэпэм и 8-р - дэтхэнэ унэми» урысейпсо акцэм хиубыдэу Шэрэдж райо­ным и полицейхэр щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэда я лэжьэгъухэм я ­унагъуэхэм.

Сабий 41167-м хуагъэуващ

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щы­Iэм илъэс 17 ныбжьым нэ­сым хиубыдэу 41167-м яхуигъэуващ къэралыр ядэ­Iэ­пыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр.  

Сабийхэм къабгъэдэкI письмохэр

Республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэм я сабийхэри хэтащ «Сэлэтым деж кIуэ письмо» акцэм. 

«Фи Iэр зэрымыубыдмэ, гуапэу фызэхущымытмэ, лъэпкъым къэкIуэн иIэнукъым»

Налшык мазитIым щIи­гъуауэ зыщызыгъэпсэху, Сирием и дамыгъэ нэхъ лъапIэу щыт «Республикэм и ЛIы­хъужь» орденыр зыхуагъэ­фэща, генерал Чэпай Алаудин иджыблагъэ ди редакцэм ­къеблэгъати, и гурыгъу-гу­ры­щIэхэм ди гуапэу зыщыдгъэгъуэзащ.

ЗауэлIхэм я Iыхьлыхэр ягъэгушхуэ

Псыгуэнсу къуажэм щыщу дзэм ираджэжауэ Украинэм ще­кIуэкI Iуэху хэхахэм хэт щIалэ­хэм я адэ-анэхэмрэ я щхьэгъу­сэхэмрэ папщIэ зэхыхьэ гуапэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ. Ахэр гулъытэкIэ, ахъшэкIэ гъэгушхуэныр зи жэрдэмыр а жы­лэм щыщ Хьэсанэ Русланщ. Псы­гуэнсудэс щIалэ 19 иджыпсту Украинэм щыIэщ. 

И чэзум дэIэпыкъуэгъу игъуэтащ

КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и батальон щхьэхуэм и плъыр частым жэщыр сыхьэти 3-м нэблэгъауэ псэлъа цIыхухъум хъыбар яригъэщIащ Налшык къалэм Мэлбахъуэм и уэрамым тет унэхэм ящыщ зым пэгъунэгъуу автомашинэ гуэр зэрыщытым икIи увыIэ имыIэу аварие сигнал къызэрыIум теухуауэ.

Налмэсыр къызэрацIыхуар

Оранжевая Республикэ жыхуаIэр, иджы ЮАР-м хиубыдэр, 1854 гъэм щегъэжьауэ 1902 гъэ пщIондэ къэрал щхьэхуиту щытащ. Нэхъыбэу абы щыпсэухэрт бурхэр - Голландием къиIэпхъукIахэм къатехъукIахэр. Оранжевая Республикэ жыхуэтIэр зэрыпсэу къулеягъэу щытащ налмэсыр. Ахэр щыкуэдт Оранжевая, Вааль псыхэм.

Ар щIэдзапIэ къудейщ

Газетххэм зэрытетащи, мы гъэм и пэщIэдзэм къызэIуахауэ щытащ «Бахъсэн» дэрбзэр фабрикэр. ПIалъэ кIэщI дыдэм ар лъэ быдэкIэ къызэфIэуващ.

КъухьэпIэм и мурадащ къыдищIылIа санкцэхэмкIэ ди къэралым и экономикэр къигъэтIэсхъэну, ди цIыхухэр лэжьапIэншэу уэрамхэм къыдинэну. АрщхьэкIэ хузэфIэкIакъым, уеблэмэ хилъэфар езыращ. Абы и щыхьэтщ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэщIэри.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ