|
Жылагъуэ
18 апреля, 2023 - 12:02
1942 гъэм и бжьыхьэрщ нэмыцэхэр Мэлгъэбэг къуажэ цIыкIум къыщыдыхьар. Къуажэм къыдэна жьыкIэфэкIэхэм я унафэкIэ зыщагъэпщкIуащ Курп псы Iуфэм псоми.
18 апреля, 2023 - 11:00
Псыр къежэхыурэ, ар нэпкъым жьым ириудэкIыурэ, псыкъелъэхэр къоунэху. Ауэ псыкъелъэ къихъукIыфынущ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэми. Псалъэм щхьэкIэ, щIыхъейм, къэбэкъауэм (вулкан). Къапщтэмэ, псыкъелъэу лIэужьыгъуэ 17 щыIэщ. ЩыIэщ псыщIагъ псыкъелъэхэри. Абыхэм я бжыгъэр блы мэхъу. Псыкъелъэхэм яхэтщ IэрыщIу ящIахэри. ГъэщIэгъэунщ, псыкъелъэхэм я макъым къуалэбзухэр щылъэтэжкIэ зэрыригъуазэр.
18 апреля, 2023 - 07:00
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ «Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу яхуэзащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэралхэм къикIауэ щеджэ студентхэм.
18 апреля, 2023 - 06:00
Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ дохутыр IэщIагъэр. Абы и дэтхэнэ унэтIыныгъэми ущехъулIэн папщIэ щIэныгъэшхуэрэ Iэзагъышхуэрэ ббгъэдэлъын хуейщ. Адрей псом хуэдэжкъым педиатриер - къеузыр къыбжезымыIэф сабийм и щытыкIэр зыхуэдэр къэпхутэныр тыншкъым. А Iуэхум зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъагъуэу и лэжьыгъэр ирехьэкI Хьэтыхъу Мадинэ. «И IэщIагъэмкIэ Тхьэр къыхуэупсащ, зи къалэным фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр телъыджэщ», - жаIэ а бзылъхугъэм щхьэкIэ ар зэIэза сабийхэм я адэ-анэхэм.
17 апреля, 2023 - 10:32
Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм мы илъэсыр къызэрихьэрэ медицинэ IуэхущIапIэхэм Iэрагъэхьащ сом мелуан 22-рэ мин 865-рэ уэндэгъугъэмрэ сабий къазэрыхэхъуамрэ пэкIуэу сертификатхэмк1э хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ.
17 апреля, 2023 - 08:43
Урыс географие зэгухьэныгъэм мы илъэсым гулъытэ хэха хуещI къэзылъэтыхь псэущхьэ цIыкIухэм я нэхъ дахэу къалъытэ хьэндырабгъуэхэм. Биолог-щIэныгъэлIхэм ахэр удз гъэгъахэмрэ лэгъупыкъухэмрэ ирагъэщхьу къокIуэкI. Пэж дыдэу, нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ, хьэндырабгъуэ зэмыфэгъухэр щыземылъатэ гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ.
17 апреля, 2023 - 08:05
Налшык къалэ дэт «Антарес» егъэджэныгъэ центрым естественнэ-щIэныгъэ унэтIыныгъэ зиIэ дерсхэмкIэ зи зэфIэкIыр хэзыгъахъуэ, зи есэныгъэхэр зыгъэкуу ныбжьыщIэхэм папщIэ зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.
17 апреля, 2023 - 07:58
«Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм семинар-зэIущIэ щекIуэкIащ.
16 апреля, 2023 - 11:41
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ «Адыгэ дуней» фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ хэтахэмрэ.
16 апреля, 2023 - 08:00
Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыху IэпщIэлъапщIэм пщIэ лей хуащIу къокIуэкI. Апхуэдэхэм лъэщапIэ щхьэхуэхэр къуажэм щаIэрэ ар цIыху кIуапIэу, уэршэрыпIэу щытащ. Уеблэмэ я бынхэр ирагъэгъэсэну цIыху IэпэIэсэхэм иратырт. Зэманым зыужьыныгъэ ин игъуэту техникэ лъагэхэм хуэкIуами, Iэм къыпыкIам и пщIэр ехуэхакъым.
Страницы
|