Спорт

Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъу

Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ я спортсмен ныбжьыщIэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ Тырныауз къалэм и «Геолог» спорткомплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат Iуащхьэмахуэ куей администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетымрэ МВД-м и къудамэу районым щыIэмрэ икIи теухуауэ щытащ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм. Абы хэтащ каратист ныбжьыщIэу 250-м щIигъу.

Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу щыта езанэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 17-м я спортсмен ныбжьыщIэу 180-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медали 8 къыщихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Жыласэ Рустам (кг 61-рэ), Джыджий Тамирлан (кг 86-рэ).

ЕтIуанэ увыпIэм дэкIуеящ Къалэбатэ Абдул (кг 57-рэ), Гергоков Саид (61-рэ), Хасауов Смаил (кг 70), сымэ.

Дыжьын медаль республикэм къыхуехь

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондэмкIэ я федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн къызэрыджиIамкIэ, Дагъыстэным и Каспийск къалэм жэпуэгъуэм и 14 - 16-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм паралимпийскэ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

Къэралым и щIыхьыр яхъумэнущ

Урысей Федерацэм Спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Албанием и къалащхьэ Тиранэ жэп­уэгъуэм и 23 - 29-хэм щызэ­хэтынущ бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. ЦIыху­хъу­хэмрэ цIыхубзхэмрэ абы щы­щIэбэнынущ медаль комплекту 30-м.

Май щIыналъэм щохьэщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май щIыналъэм иджыблагъэ щыхьэщIащ къэралым и щIыхьыр спорт утыкушхуэхэм лъагэу щызыIэта спортсмен цIэрыIуэхэр. 

Щоджэн Къадир ягу къагъэкIыжу

«Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и командиру щыта Щоджэн Къадир и фэеплъу волейболымкIэ къалэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Бахъсэн къыщызэрагъэпэщащ. Абы хэтащ къалэм и курыт еджапIэхэм я командэхэр.

Джэдгъэф Къантемыр къахожаныкI

Ставрополь къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. «Зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьа а спорт зэхуэсым кърихьэлIащ 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэхэр.

БэнакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэм

Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, бэнэкIэ хуитымкIэ спортсмен цIэрыIуэу щыта Кудухов Бесик и урысейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. «Баскет-Холл» спорт комплексым къыщызэхуэсат къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэу 330-м щIигъу. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ.

Беслъэней Темырлан псоми ятокIуэ

Самбэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Уэщхъун СулътIан къызэрыджиIамкIэ, Къыргъызым и къалащхьэ Бишкек иджыблагъэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм самбэмкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.
Бишкек и «Газпром» спорткомплексым хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ щызэпеуащ къызэрыгуэкI самбэмрэ зэзэуэным нэхъ тегъэщIа самбэмкIэ.

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Жэпуэгъуэм и 6 – 8-хэм Ингуш республикэм хыхьэ Назрань къалэм и «Магас» спорт уардэунэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт