Спорт

Фэеплъ зэхьэзэхуэ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ СССР-м спортымкIэ и мастер Бабаев Къуанч и фэеплъу къызэрагъэпэща дзюдомкIэ XVIII урысейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэхэр.

Паралимп джэгухэр Токио къыщызэIуах

Японием и къалащхьэм Iэтауэ къыщызэIуахащ зи чэзу Паралимп джэгухэр. Абы еплъыну цIыхухэр стадионым ирагъэхьакъым коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахумэн папщIэ. Апхуэдэу екIуэкIынущ зэхьэзэхуэхэри.
Олимпиадэ нэхъыщхьэр зэфIэкIри мазэ ныкъуэ дэкIа иужькIэ, Паралимп джэгухэри зэхаублэ хабзэщ. Зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэхэр щызэпоуэ иджыблагъэ дунейм и спортсмен нэхъыфI дыдэхэр щызэхьэзэхуа утыкухэм икIи хуагъэфащэ дамыгъэхэри саугъэтхэри адрейхэм къащхьэщыкIыркъым.

Япэ махуэм – медалитI

Польшэм и Цеханув къалэм щокIуэкI НыбжьыщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы и япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медалитI къыщахьащ.
Къэрал 34-м къикIа илъэс 13-15, 16-17 зи ныбжьыр итхэм бжыгъэ хьэлъэмэтхэр зэхьэзэхуэм къыщагъэлъагъуэ. Къапщтэмэ, ди лъахэгъу Скрипко Аланэ тIэу бгъэдыхьэгъуэм килограмми 181-рэ (80/101) къиIэтащ. Ар ирикъуащ килограмм 64-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуэн папщIэ.
Гулиев Тамерлан Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам къыхуихьащ домбеякъ медалыр. Абы двоеборьем килограмм 261-рэ (117/144) къыщиIэтащ.
 

Фэеплъ зэпеуэм ди лъахэгъухэр къыщыхожаныкI

Мэзкуу дэт «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым щыщIидзащ дзюдомкIэ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Андреев В. и урысейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. И мыхьэнэкIэ р тнэхъыфI дыдэ «А» классым хеубыдэ.

Тэрч къалэр япэщ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ футболымкIэ турнир цIыкIу.
    Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Астемырей, Курп Ипщэ, Инарыкъуей, Тэрч, Болэтей щыщ гупхэр.
    Ар къызэрагъэпэщащ Тэрч муниципальнэ щIыналъэм спортымкIэ и къудамэм.
    ГуащIэу екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр Тэрч къалэм и гупым къыщахьащ, етIуанэ хъуащ Болэтей къикIахэр, Инарыкъуейхэм ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ.

Дыщэр адыгэшым зыIэригъэхьащ

ШыщхьэуIум и 13 - 14-хэм Луховицы къалэм пэгъунэгъу Павловское къуажэм щызэхэтащ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэрэ.

Къуныжь Ролан Европэм щытокIуэ

Мы махуэхэм Латвием щекIуэ­кIащ дзюдомкIэ ныбжьыщIэхэм я Европэ зэхьэзэхуэ. «Арена Рига» спорткомплексым щызэхуэсат къэ­рал 37-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 15 - 17-м ит щIалэрэ хъы­джэ­бзу ­400-м щIигъу.

Я гъунэгъухэми къыхагъащIэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэр екIуэкIащ.

Адыгэшым зыри къылъэщIыхьакъым

 Урысейм шы спортымкIэ и федерацэм хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, Мэзкуу областым хыхьэ Луховицы къалэм и Iэгъуэблагъэм шыщхьэуIум и 13-14-хэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ щызэхэтащ: дунейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхьрэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ. 

ЩIыхь зиIэ тренер цIэрыIуэр тхощI

Иджыблагъэ хзъыбар гуауэ къытIэрыхьащ - и ныбжьыр илъэс 84-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къищынэмыщIауэ, ди къэралым и щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыху алыдж-урым, бэнэкIэ хуит, лъэпкъ бэнэкIэхэмкIэ спортым и мастер, СССР-мрэ УФ-мрэ щIыхь зиIэ я тренер, «Знак Почёта» орденыр зезыхьэ ЗекIуэрей Николай. Абы и гъащIэр фIыуэ илъагъу IэщIагъэм тыхь хуищIат.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт