Адыгэшым зыри къылъэщIыхьакъым Урысейм шы спортымкIэ и федерацэм хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, Мэзкуу областым хыхьэ Луховицы къалэм и Iэгъуэблагъэм шыщхьэуIум и 13-14-хэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ щызэхэтащ: дунейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхьрэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм шы спортымкIэ и федерацэм къэралым щыщ хэгъэгу 72-рэ къызэщIеубыдэ, унэтIыныгъи 8-кIэ шы зэхьэзэхуэхэр ирегъэкIуэкI.
Зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэхэм щыщ къудамитIым КъБР-м щыщ шухэр щытекIуащ. Ахэр километри 120-м япэ увыпIэ къыщызыхьа Къалэхэ Мухьэмэдрэ (шым и цIэр Юпитерщ) километри 100-м япэу къыщыса Махуэхэ Мухьэмэдрэщ. ГуфIэгъуэр тIуащIэ ещI Къалэ Мухьэмэд зытесар адыгэшу зэрыщытми.
Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэщ Къалэ Мухьэмэд зыхэтар. Урысеймрэ Белоруссиемрэ щыщу шууиплI зытехьа гъуэгуанэм и кIэм нэсаитIым ящыщу япэу къэсар Къалэрщ. Арэзы укъещI шыхэм къагъэлъэгъуа псынщIагъми: зы сыхьэтым – километр 16,49-рэ. Дыжьын медалыр зыIэрыхьар Черник Владимирщ.
Зытесар мыадыгэшми, япэ увыпIэр къихьащ Мэзкуу областым и чемпионатым хэта Махуэхэ Мухьэмэди. ЕтIуанэр – Лосевэ Дарье къихьащ, Гоголь Николай ещанэу къэсащ. Мухьэмэд зытеса Ламбертэ къызыкъуиха псынщIагъыр текIуэныгъэ къудей мыхъуу, Урысейм щагъэува рекорду къалъытащ: зы сыхьэтым – километр 22, 37-рэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|