Дыщэр адыгэшым зыIэригъэхьащШыщхьэуIум и 13 - 14-хэм Луховицы къалэм пэгъунэгъу Павловское къуажэм щызэхэтащ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэрэ. Километри 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ щызэпача унэтIыныгъэм Урысеймрэ Белоруссиемрэ икIауэ шууиплI хэтащ. Гъуэгуанэм и кIэм нэсыфар тIу къудейщ. Япэ увыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къалэ Мухьэмэдрэ ар зытеса Юпитер адыгэшымрэ къахьащ. Дыжьын медалыр зыIэрыхьар Черник Владимирщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|