Я гъунэгъухэми къыхагъащIэУрысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэр екIуэкIащ. Абы хыхьэу Новокубанск и щIыпIэ «Биолог-Новокубанск»-м шыщхьэуIум и 18-м иригъэблэгъащ «Спартак-Налшыкыр». Турнир таблицэм епщIанэрэ епщыкIузанэу къыщыкIуэ командэхэм текIуэныгъэ зырыз фIэкIа ямыIэу иджырей зэIущIэм къэсат. Джэгум и пэм щегъэжьауэ дэтхэнэ зы лъэныкъуэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зэрызыIэщIамыгъэкIыным нэхъ хущIэкъурт. ЕбгъэрыкIуэныгъэхэр гъуащхьэхъумэныкъуэхэм адэкIэ фIэкIыфыртэкъым, зэманым и нэхъыбэр футболистхэм щагъакIуэр джэгупIэ губгъуэм и курт.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|