КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэпкъраха зи чэзу зэIущIэ.
КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкум щыщ уней щIынымкIэ 2023 гъэм къагъэлъэгъуа бжыгъэхэр. Программэм къыщыхьащ 2023 гъэм республикэм и къэрал мылъкум щыщ акцэ пакетитху, бгъэIэпхъуэ мыхъу объект 44-рэ уней щIын хуейуэ.
- Къэрал мылъкур уней щIыным къыхэкIащ сом мелуан 339-рэ. Абы щыщу акцэхэм - сом мелуан 220-рэ, нэгъуэщI мылъкуу ящам - сом мелуани 119-рэ. 2023 гъэм уней ящIащ акцэ пакетитI, бгъэIэпхъуэ хъу объектитI, транспорт 16.
Мылъкур уней щIыным 2023 гъэм къыпэкIуащ сом мелуан 293-рэ. Республикэм и бюджетым абы къыпэкIуэу къыхэ-хъуэн хуеяр процент 86,4-кIэ гъэзэщIа хъуащ, - жиIащ министрым.
ЗэхъуэкIыныгъэ халъхьащ республикэм и къэрал мылъкур уней щIынымкIэ 2024 гъэм хуэзэр хуэгъэфэщауэ зэрагъэбелджылам. Тэхъу Аслъэн къыхигъэщащ, КъБР-м и Правительствэм къыхилъхьа проектым тету, мылъкур уней щIынымкIэ программэм иджыри акцэ пакетитI, бгъэIэпхъуэ мыхъу объект 43-рэ къызэрыхэхъуэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэр къэплъытэмэ, къэрал мылъкур уней щIыным хуэгъэфэщауэ къыпэкIуэнущ сом мелуан 228-рэ.
ЗэIущIэм къыщащтащ Налшык къалэ и муниципальнэ мылъкум хиубыдэ, зыри зыщымыпсэу, метр зэбгъузэнатIэ 548-рэ хъу унэр республикэм и къэрал мылъкум хэгъэхьэнымкIэ проектыр. Ар игъэбелджылащ Тэхъу Аслъэн. Мылъкур и нэIэ щIэтынущ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и республикэ сабий центрым.
Республикэм и мылъку гъэтIылъам щыщ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм иратынущ.
- 2024 гъэм сом мелуани 8,17-рэ текIуэдэнущ Кичмалкэ къуажэм администрацэм и унэщIэ щаухуэным, - къигъэнэIуащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим.
Правительствэм и УнафэщIым зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ къуажэм дэта администрацэр иджыблагъэ мафIэм зэрисар, абы и пIэм нэгъуэщI кърагъэувэжын щхьэкIэ республикэм и мылъку гъэтIылъам зэрыхэIэбэр.
ЗэIущIэм къыщащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым фошыгъу узым щыпэщIэтынымкIэ щIыналъэ программэр. Абы теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. ЗэхъуэкIыныгъэхэр сэбэп хъунущ а узыфэр зыпкърытхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэр нэгъэсауэ ягъуэтынымкIэ.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и министр Асанов Алим зэIущIэм щигъэбелджылащ республикэм и цIыхухэм ядэIэпыкъуным теухуа проектищ.