Ди лIыкIуэхэми я зэфIэкI ягъэлъагъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ елэжь и IуэхущIапIэ зыбжанэ хэтащ Мэзкуу къалэм мы махуэхэм щекIуэкIа «ПРОДЭКСПО 2024» 32-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. Урысейм и къалащхьэм и «Экспоцентр»-м щрагъэкIуэкI зэхуэсым кърихьэлIащ ди къэралымрэ КъуэкIыпIэ Европэмрэ ерыскъыхэкIхэм елэжь я IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэхэр. Абыхэм ягъэлъэгъуащ цIыхур махуэ къэс зыхуей хъу ерыскъы псыхэкI къызэрыгуэкIхэри шхыныгъуэ нэхъ хэплъыхьа дыдэхэри. Апхуэдэуи абы утыку къыщрахьащ ерыскъы къабзэхэр, IэрыщI, химие пкъыгъуэхэр зыхэмылъхэри, муслъымэн диным и хабзэм тету ягъэхьэзырахэри, хамэ щIыпIэхэм я ерыскъы телъыджэхэри, спортсменхэм ирагъэшххэри, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхьэзыра ерыскъыхэкIхэр ягъэлъагъуэу Мэзкуу щыIащ мэрзей лIэужьыгъуэхэр зыщI «Фрутопьяно» IуэхущIапIэр, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм япсхэр къыщIэгъэкIыным илъэсипщIым щIигъуауэ яужь ит «Лъэгъупыкъур», КъБР-м къыщагъэкIа бэдрэжанхэм томат къыхэзыщIыкI «Сириус-М»-р, и IэфIыкIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа «ЖАКО»-р, псыIэфIхэкIхэр, нарзаныпсхэр зи продукцэ нэхъыщхьэ «Псынэр», лыхэкIхэм, джэдкъазылым елэжь «Миссиров Данял» уней IуэхущIапIэр. Республикэм и лIыкIуэхэр дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм щыIащ «Хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Абыхэм я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр, «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым пыщIауэ лажьэ, КъБР-м экспортыр дэIыгъынымкIэ и центрыр. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




