Ласицкене Марие и текIуэныгъэщIэ

СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Алексеев Виктор и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург къалэм. Спортсмен цIэрыIуэхэр абы щызэпеуащ атлетикэ псынщIэм хыхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, лъагапIэхэм елъэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене Марие. Абы къищта метр 1,91-рэ лъагапIэм щхьэпрылъыфын ар зыхэта гупым къахэкIакъым. ЕтIуанэ хъуа Ермаченковэ Татьянэ елъащ метр 1,89-м, ещанэ увыпIэр зыубыда Кочановэ Марие къыхуэщтар метр 1,87-рэщ. 
Къыхэдгъэщынщи, илъэсым зэрыщIидзэрэ Ласицкене (Кучинэ) Марие зыхэта зэхьэзэхуэхэм зыми медалыншэ щыхъуакъым. 

ТЭМОКЪУЭ Едыдж.
Поделиться:

Читать также: