Илъэси 100 ирикъуащ

Тхыгъэ фэеплъ куэд зимыIэ лъэпкъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ япэу дунейм къытехьа къыдэкIыгъэхэм. Абыхэм я лъапIэныгъэр зэпхар япэу къызэрыдэкIам и закъуэкъым, атIэ зэфIэувэу хуежьа литературэщIэм ича лъэбакъуэхэм я инагъыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ, я фIагъыр къыщIэгъэщынымкIэ, гупсысэкIэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ зиужьынымкIэ ябгъэдэлъ къарур къызэрагъэлъэгъуэфымкIи пщIэшхуэ яIэщ.

ЗэрытщIэщи, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм адыгэхэм тхэкIэ щапхъэ гуэрхэр яIэщIэлъами, тхыдэм къыхэнащ, ди нобэхэм къэса щIагъуэ щыIэкъым. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, лъэпкъым и щыIэныгъэр здынэса лъагапIэхэр кърибгъэлъэгъуэну тхыгъэм хуэдэу Iэмал зиIэ куэд щыIэкъым. Адыгэхэм апхуэдэ зэфIэкI яIэ щыхъуар Совет къэралыгъуэр зэфIэува нэужькIэщ.

Хэгъэгушхуэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм кIэлъыплъ адыгэ интеллигенцэр щIэхъуэпсырт езыхэм я литературэ зэраIэнум, анэдэлъхубзэр тхыбзэм илъу утыку зэрыралъхьэфынум. Зи гупсысэр жыжьэ нэс, лъэпкъым и къэкIуэнум ирипIейтей цIыху пэрытхэм, нобэ узэщIакIуэкIэ дызэджэхэм, мащIэ къару ирахьэлIакъым алыфбей зэхэгъэувэным, тхылъ къыдэгъэкIыным. АрщхьэкIэ абыхэм я нэхъыбэм я гуащIэдэкIым гъуэгу игъуэтакъым, гупыж дахэу къэнэжауэ аращ. ГурыIуэгъуэт апхуэдэ жэрдэмыфIхэр гъащIэм хэпща хъун папщIэ унафэ зыIэщIэлъхэр хэлIыхьыфын зэрыхуейр. Совет къэралыгъуэр щызэфIэувэм, 20-30 гъэхэм утыкум къихьащ гуп хъарзынэ, тхэнми хэзагъэу, гупсысэр псалъэм игъэзэгъэнми хуэIэижьу. Пэжщ, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр иджырей пщалъэхэм щIэбгъэкIыну къезэгъыркъым, ауэ къызэрыхэщ фIагъ псом ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ ахэр адыгэбзэ къабзэкIэ тхэуэ зэрыщытар, анэдэлъхубзэкIэ гупсысэ защIэу зэрызэхэтар.

Лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэхэр щич илъэсхэм тхэуэ утыкум къихьа гупыр цIыху 30-м нызэрыхьэсу щытами аращ. Ауэ абыхэм Iуэхушхуэ зэфIагъэкIащ - литературэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ, яужь къиувэну ныбжьыщIэхэм псыпэхэш яхуэхъуащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, КъэбэрдеймкIэ - Нало Жансэхъу, Борыкъуей ТIутIэ, ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Къылышбий Исмэхьил, Пщынокъуэ Абдул, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Пщымахуэ, ШэрджэсымкIэ - Тобыл Талъостэн, Абыхъу Хъалид, ДыщэкI Мухьэмэд, АдыгеймкIэ - Хьэткъуэ Ахьмэд, КIэрашэ Тембот, Хъуажь Мухьэмэд, Iэщхьэмахуэ Даут сымэ.

Лъэпкъ интеллигенцэр вагъуэ быну къыщызэщIэрыуэм зыхуагъэувыжа къалэнхэм ящыщщ адыгэ щIыналъэхэр зэрапхыу, зэхыхьэу, щхьэж и ехъулIэныгъэхэмкIэ зэлъэIэсу, зэфIэува литературэбзэхэр зэпэблагъэ ящIыну зэрыхущIэкъуар. ЗыкъомкIэ а къалэнхэр абыхэм къехъулIащ - нобэ тхыбзэм къыдэунэхуауэ зэщхь хэлъмэ, зи фIыгъэхэр литературэм япэу лъэбакъуэ щызычахэрщ. Зи цIэ къитIуахэм я къалэмыпIэ къыщIэкIахэр нэхъыбэу гъэсэпэтхыдэ жыпхъэм итт - блэкIамрэ зыхэпсэукI гъащIэмрэ зэралъытырт, гъэсэныгъэ Iуэхугъуэхэм нэхъ тракъузэрт. Ауэ, сыт хуэдэ тхыгъэкIэ утыку къимыхьэми, псори купщIафIэт, цIыхубэм япхъуатэрт, гукIэ зрагъащIэрт. ХэпщIыкIыу лъэбакъуэ узыншэхэр зыч литературэщIэм и къарур нэхъри зэрыубыдащ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я журналхэр дунейм къытехьэу щыхуежьэм.

Адыгэ газетхэм я къыдэкIыныр зэтеубла нэужь, япэ адыгэ журналыр дунейм къыщытехьар Адыгейрщ. «Адыгэ Iэдэб зэхуэхьэсахэр» – аращ зэреджэр I924 гъэм и щIышылэ мазэм къыдэкIа япэ адыгэ журналым. Ар нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI «Iуащхьэмахуэ», Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Лъахэ», Адыгейм къыщыдэкI «Зэкъуэшныгъэ» журналхэм ублапIэ яхуэхъуауэ жыпIэ хъунущ.

КIахэ адыгэбзэкIэ «Адыгэ Iэдэбыят угъоигъ» зыфIаща журналыр хьэрып хьэрфхэмкIэ къэщыпат, напэкIуэцI 65-рэ хъурт. Лъэпкъ литературэр щыIэ хъунымкIэ зи фIагъышхуэ къэкIуа мы журналыр япэ художественнэ къыдэкIыгъуэт. Дунейм къытехьа литературэ зэужьым нахуэ ищIащ IуэрыIуатэ къудейкIэ дунейм къыщекIуэкI псори къэгъэлъэгъуа зэрымыхъунур, ипэкIэ кIуэтэн зэрыхуейр. Ар фIыуэ къагурыIуэрт журналыр къыдэкIынымкIэ жэуап зыхь гупым. Абы хэтащ КIэрашэ Тембот, Iэщхьэмахуэ Даут, Хьэткъуэ Ахьмэд, Цей Ибрэхьим, нэгъуэщIхэри. Адыгэбзэ тхыгъэу абы къызэщIиубыдар зы зэужьым ирагъэзэгъа нэужь, Мэзкуу а лъэхъэнэм дэта, «КъуэкIыпIэ Плъыжь» зи фIэщыгъэ тхылъ тедзапIэм къыщыщIагъэкIауэ щытащ.

Зэужьыр зэхэзыгъэувахэм фIыуэ къагурыIуэрт IуэрыIуатэншэу литературэ щыIэнкIэ Iэмал зэримыIэр. А гупсысэм къыхэкIащ зэужьым и ныкъуэр IуэрыIуатэ тексту зэрыщытыр. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, я гурыгъу-гурыщIэхэр нэхъыфIу къызыхэщ, хъуапсэмрэ фIымрэ щытекIуа IуэрыIуатэхэращ абы нэхъыбэу хыхьар. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, нарт тхыдэжьхэр, «Хьэтх КъуэкIасэ и уэрэдыр», «Шынджей выжьым и тхьэусыхэр», «Жамбэчрэ Хьэбибэрэ я уэрэдыр», нэгъуэщIхэри. Художественнэ тхыгъэу зэужьым ихуащ КIэрашэ Тембот, Цей Ибрэхьим, Хьэткъуэ Ахьмэд я тхыгъэхэр.

«Адыгэ Iэдэб зэхуэхьэсахэм» литературэм и гуащIэм зригъэтIэтащ, гушхуэныгъэ къритащ, тхакIуэщIэхэмрэ усакIуэщIэхэмрэ утыку къихьэнымкIэ щхьэпэ хъуащ. Лъэпкъ гупсысэр къызэщыуным хуэунэтIауэ цIыху пэрытхэм я жэрдэмкIэ дунейм къытехьа зэужьым и мыхьэнэр ноби инщ - тхыдэм хыхьэжами, абы и жьауэр нобэрей литературэм къытредзэ, япэ итахэр зыхэта гугъуехьхэм елъытауэ, нобэ щыIэхэм дуней Iэмалыбэр зэраIэщIэлъыр къегъэлъагъуэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми емыпхауэ ипэкIэ зэрыкIуэтэн хуейм хуегъэуш.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: