Мэзкуу яхуэугъурлащКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Мэзкуу и «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым и къалащхьэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуэщ зы ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Къалэбатэ Абдулрэ (кг 57-рэ) Емызэш Ислъамрэ (кг 74-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Азэмэт Русланрэ (кг 57-рэ) Шыгъэлыгъуэ Къантемыррэ (кг 65-рэ). САНОКЪУЭ ТIомэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|