КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ аукционкIэ, зэхьэзэхуэкIэ ящэ-къащэхум ехьэлIа Iуэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэрагъэпэщым.
ЗэIущIэр КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэмрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыны-гъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур жиIащ къаIэта Iуэхум сыт щыгъуи и мыхьэнэр зэрыиныр, я нэIэ зэрытрагъэтыпхъэр.
- Мы Iуэхур нэгъуэщI щIыналъэхэм къызэрыщызэрагъэпэщми зэпымыууэ дыкIэлъоплъ, хабзэ и лъэныкъуэкIэ ар зэредгъэфIэкIуэнуми дыхущIокъу. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, абы хэт лъэныкъуэ псоми - къэралми, щэн-къэщэхуныр къызэзыгъэпэщхэми, хьэрычэтыщIэхэми - я Iуэху еплъыкIэр зэтебгъэхуэныр зэрыгугъур. Псом хуэмыдэу щхьэж и Iуэху дигъэкIыным пылъу Iулъхьэ ятыну зэрыхэтым дыкIэлъыплъыпхъэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, щэн-къэщэхуныр зэрырагъэкIуэкI мардэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ мы зэманым хабзэ гъэбелджылауэ 50-м щIигъу диIэщ, - къыхигъэщащ Iэпщэм.
Федеральнэ антимонопольнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Къумахуэ Аннэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и пщэрылъхэр зыхуэдэмрэ ахэр зэрагъэзащIэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI щэн-къэщэхуныр къызэрагъэпэщ ЩIым, Мэзым теухуа хабзэхэм тету. Ахэр ирагъэкIуэкI Къэрал мылъкур зыгъэлажьэ федеральнэ агентствэм и щIыналъэ управленэу КъБР-м щыIэм, республикэм ЩIы, мылъку IуэхухэмкIэ, ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэхэм, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм.
- «Урысей Федерацэм и хабзэ щхьэхуэхэмрэ УФ-м и ЩIы Кодексымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ Законым и 34-нэ статьям и 7-нэ Iыхьэм къару имыIэжу къэлъытэным, УФ-м и ЩIы Кодексым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон № 385-ФЗ-м (2022 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м къыдагъэкIам) ипкъ иткIэ, 2023 гъэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ щэн-къэщэхуным е щIы Iыхьэхэр бэджэнду тыным (къэрал мылъкуу щытхэр) ехьэлIа аукционхэр электроннэу ирагъэкIуэкI. Зэхьэзэхуэхэр зэрырагъэкIуэкIам ныкъусаныгъэ къыхэкIамэ, Федеральнэ антимонопольнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм апхуэдэ Iуэхухэр къепщытэ «Сатур зыIэщIэлъхэм я Iуэху еплъыкIэхэр хъумэным теухуауэ» Федеральнэ закон №135-м тету, - жиIащ Къумахуэм.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым IуэхущIапIэр апхуэдэ тхьэусыхафэу 13-м хэплъащ: 6-м ирагъэгъэзэжащ дэфтэрхэр тэмэму зэрамыгъэхьэзырам, и чэзум зэрырамытам къыхэкIыу. Зэрызыхуагъэза Iуэхуищым теухуауэ аукционхэр къызэзыгъэпэщахэм я лэжьыгъэр зэрагъэзэкIуэжын хуейр хуатхащ, ахэр зи пщэ илъахэр административнэ жэуапым ирашэлIащ.
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, гугъуехьхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр щэн-къэщэхуныр къызэрызэрагъэпэщ жыпхъэхэмрэ абыхэм зэрыхэт мардэхэмрэ языныкъуэхэм ткIийуэ зэрыщытырщ, зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIынум и пIалъэхэр и чэзум къызэрырамылъхьэрщ, хабзэхэр къызэпауду, аукционыр емыкIуэкIауэ щIы Iыхьэхэр бэджэнду зэратымкIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIэну иужь зэрихьэрщ.
КъБР-м щIы, мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тохъу Аслъэн жиIащ 2023 гъэм къэрал мылъкум щыщ зэращэм теухуауэ Iуэхугъуэ 42-рэ зэрырагъэкIуэкIар. Абыхэм япкъ иткIэ, зэгурыIуэныгъэу 24-рэ зрагъэхъулIащ. ЩIы Iыхьэ бэджэнду зэратым теухуа-уэ зэгурыIуэныгъитIым, къэрал мылъкум щыщ бэджэнду тыным епхауэ 7-м Iэ щIадзащ.
Къэрал мылъкур гъэлэжьэ-нымкIэ федеральнэ агентствэм и щIыналъэ управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэкъуауэ Аскэр къыхигъэщащ 2023 гъэм щIы Iыхьэу 25-рэ бэджэнду зэратым теухуа зэгурыIуэныгъэхэм (къуэдыхэри хэту федеральнэ бюджетым сом мелуан 39-рэ мин 497-рэ къыхуихьу) IуэхущIапIэр зэрелэжьар . «2023 гъэм къатхьэкъуа мылъкуу 232-рэ зэращэм теухуа тхыгъэу 43-рэ хэIущIыIу тщIащ, ахэр гъэзэщIэным къыпэкIуащ зы мелардрэ мелуан 251-м щIигъу», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
КъаIэта Iуэхур къызэрызэрагъэпэщым къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Аруан районым мылъку, щIы IуэхухэмкIэ, мэкъумэш IэнатIэмрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и къудамэм и унафэщI Бекъшокъуэ Идар.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, щIыналъэ унафэщIхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэмрэ гу зылъатапхъэхэр ягъэбелджылащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.