Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм и п1алъэр щхьэщахыжак1эщ

КъБР-м и Оперативнэ штабым хъыбар къыдегъащ1э мэлыжьыхым и 11-м, Налшык къыщрахьэжьа Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм (КТО) и п1алъэр зэриухамк1э. 
«Ц1ыхухэм я гъащ1эм, узыншагъэм, мылъкум зэран хуэхъун шынагъуэ зэрыщымы1эжым къыхэк1ыу, УФ-м и ФСБ-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щы1эм унафэ къищтащ 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м сыхьэти 5-рэ дакъикъэ 12-м щегъэжьауэ Налшык къалэ округымрэ Шэрэдж муниципальнэ щ1ыналъэмрэ хиубыдэ «Ветеран-1», «Дубки-1», «Дубки-2», «Каскад», «Мисхидж», «Нэмыс», «Насып», «Нивэ-2», «Нивэ-3», «Нур», «Зыгъэпсэхуп1э», "1уащхьэмахуэ», «Полянэ», «Сосрыкъуэ» хадэгъэк1 зэгухэныгъэхэм яубыд щ1ып1эм ехьэл1ауэ кърахьэжьауэ щыта Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм и п1алъэр ягъэувы1эну».
      2006 гъэм гъатхэпэм и 6-м къыдэк1а «Терроризмэм пэщ1этынымк1э» Къэрал хабзэ №35ФЗ-м тету, УФ-м и ФСБ-м и управленэу КъБР-м щы1эм  унафэ ищ1ащ мэлыжьыхьым и 11-м сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 50-м Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм и п1алъэр ягъэувы1эу,   ц1ыхубэм паубыдахэр щхьэщахыжыну, - дыкъыщоджэ хъыбарегъащ1э тхыгъэм.

Поделиться: