Сочэ къащыпоплъэ![]() «Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы щызэпеуащ 2010 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыщIэжхэмрэ. Зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэм нэсащ республикэм и еджапIэхэм я командибгъу. АдэкIэ абыхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №14-м и командэм. Абы хэтащ Токъуий Валерэ, Ольховик Максим, Суючев Аммар, Ахматовэ Iэминэ сымэ. Темрокъуэ Инал, Темрокъуэ Амир, Жэмбей Артур, Джыназ Ритэ сымэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м и командэм хэту зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №-2-м и гъэсэнхэу Iэщыжь Iэдэм, Къэжэр Сэлим, Iэщыжь Мухьэмэд, Джатэгъэжь Даринэ сымэ. «Белая Ладья» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр мэкъуауэгъуэм и 1 - 11-хэм Сочэ къалэм щызэхэтынущ. Ди республикэм и щIыхьыр абы щихъумэнущ Налшык и курыт еджапIэ №14-м и командэм.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





