Зэныбжьэгъугъэр япэ ирагъэщу

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр. Зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщат «Хэкум и хъумакIуэхэр» Урысей фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм.

Зэпеуэр екIуэкIащ швейцарие системэм тету, нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, -  хэнар занщIэу хэкIыу. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Алъэсчыр Заур, етIуанэ увыпIэр къихьащ Мамбэт Алик, ещанэ хъуащ Къатхъэн Ахьмэд.

Япэ увыпIэр къэзыхьа Алъэсчырым къызэрыхигъэщамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэм, мыхьэнэшхуэ зэраIэм къыдэкIуэу, ныбжьэгъущIэхэри къыщыбоцIыху икIи гугъэ ищIащ, ар хабзэ хъууэ илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну.

                                                         АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

 

Поделиться:

Читать также: