Медалиблым щыщу щыр дыщэу![]() Бокс Ставрополь крайм и Суворовскэ жылэм и «Урарту» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Кулаков Роман и фэеплъ зэхьэзэхуэ. БоксымкIэ урысейпсо зэпеуэм хэтащ илъэс 13 - 14, 19 -20 зи ныбжь спортсменхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалибл къыщихьащ, абы щыщу щыр дыщэу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ПщыукI Дамир (кг 40), Шыкъ Аслъэнбэч (кг 46-рэ), Уэрыш Аслъэн (кг 54-рэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
| ||





