ЩIыналъэм зиужь зэпытщ

2024 гъэм и щIышылэ - мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 122,3-рэ хъуащ. Псом нэхърэ хэхъуэ нэхъыбэ къатащ машинэ зэпкърылъхьэным, ерыскъым, ерыскъыхэкIхэм елэжь, химие, дэрбзэр промышленностхэм пыщIа, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэм. Абыхэм зэгъусэу къагъэлъэгъуащ проценти 129,5-рэ.

         ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзыххэм - проценти 120,2-кIэ хагъэхъуащ я зэфIэкIым. ЦIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ псыкIэ къызэзыгъэпэщ, къагъэсэбэпа псыр Iузыш, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэу идзыпIэхэм зыгъэIэпхъуэ, уэрамхэр, пщIантIэхэр гъэкъэбзэн лэжьыгъэхэм пэрытхэм - проценти 111,3-кIэ. Электрокъарур, газыр, хуабэр IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ яхуэзыутIыпщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 99,9-кIэ.

Нэкулъу ящIым, хадэхэкI фIэIугъэу траIуантIэм, Iусыпхъэм, сырэм, кислородым, апхуэдэу пластмассэм къыхэщIыкIа бжэ-щхьэгъубжэхэм, асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу зэхащIэм, гъущIхэкIхэм, Iэмэпсымэхэм, термостатхэм, стабилизаторхэм, рентген аппаратхэм, кабелым, автотранспортым пкъралъхьэ пкъыгъуэхэм, унэлъащIэхэм, медицинэм къыщагъэсэбэп оборудованэхэм, нэгъуэщIхэуи къыщIагъэкIми я куэдагъым хэхъуащ. Хуабэ къэзыт гъэсыныпхъэу къалъэщми хэхъуащ.

         Апхуэдэу щыхъукIи, лым, шэм, крупахэкIхэм, сэхуран дагъэм, тхъуцIынэм, кхъуейм, шхум, хьэжыгъэм, нэрзаныпсым, лэжьакIуэхэм я щыгъыным, лъэпэдым, вакъэм, тхылъымпIэм, пластмассэм къыхэщIыкIа ашыкхэм, коробкэхэм, чырбышым, бетоным, полупроводникхэм, нэгъуэщIхэми  кIэрыхуащ.

         Дызэрыт илъэсым и япэ мазитIым къриубыдэу фэтэр куэду (321-рэ) зэхэт унэу 14 къалэхэм щаухуащ, къуажэдэсхэм ящIащ 526-рэ. Фэтэрхэм яубыдащ метр зэбгъузэнатIэу мин 90,7-рэ. Ар хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Къуажэхэм щаухуа унэхэм псоми зэхэту яубыдащ метр зэбгъузэнатIэу мин 56,8-рэ. Ари хуэдитIым нэблагъэкIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.

Мэкъумэш продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIащ сом меларди 4,2-рэ я уасэ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм ар проценти 103,7-кIэ хуокIуэ. Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм псоми зэхэту Iэщымрэ джэдкъазымрэ ящыщу яIыгъащ: блымышхуэу мин 276,2-рэ (2023 гъэм – мин 272,2-рэ), кхъуэуэ  мини 3,9-рэ (мини 3,7-рэ), мэлрэ бжэну мин 471,9-рэ (мин 408,7-рэ), джэдкъазу мелуан 4,5-рэ (мелуан 4,3-рэ).

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псори зэхэту ягъэшха Iэщышхуэмрэ джэдкъазымрэ (зэрыпсэууэ) тонн мин 15,1-рэ къашэчащ. Ар проценти 3,6-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм а пIалъэм ирихьэлIэу щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Шэуэ къашащ тонн мин 61,7-рэ (проценти 4-кIэ нэхъыбэщ), джэдыкIэу кърахащ мелуан 25,2-рэ (процент 15-кIэ нэхъыбэщ).

Зы жэмым хуэзэу шауэ къыщIашащ килограмм 1281-рэ, нэгъабэ ар килограмм 1145-рэ хъуауэ аращ. Зы джэдым джэдыкIэу 31-рэ хуэзащ, нэгъабэ - 30.

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, розницэ сату щIапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ яIам и куэдагъыр сом мелард 38,9-рэ хъуащ, ар проценти 106,6-кIэ хуокIуэ нэгъабэ и щIышылэ - мазаем щыIа бжыгъэхэм.

Ерыскъы-псыхэкIыу, тутын лIэужьыгъуэу республикэм щащащ сом мелард 19,3-рэ (проценти 106,2-рэ), хьэпшып, унэлъащIэ сыт хуэдэхэу сом мелард I9,6-рэ (проценти 107-рэ) я уасэ.

                                        ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: