Тхыбзэм и мыхьэнэр инщАдыгэбзэм пыщIа Iуэхухэмрэ абы хэлъ лъэпощхьэпохэмрэ я унафэ зыщIыфынур уэрамым щытепсэлъыхьхэрауэ къыщIэкIынкъым, атIэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэщ. ЧэнджэщакIуэхэр куэдыIуэ щыхъуа мы лъэхъэнэм зэдэIуапхъэр щIэныгъэлIхэращ. Нобэ зэрыт щытыкIэм топсэлъыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий: - Хэти зэрищIэщи, акъылым и лъабжьэр бзэрщ. Абы ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. Петр Езанэм Урысей ЩIэныгъэ академиер къыщызэIуихым итха указым япэу зи цIэ къриIуар бзэрщ. Ар джынми, егъэджынми, тхылъхэр къыдэгъэкIынми, ахэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIынми гулъытэ хэха щыхуищIащ а унафэм. Щалъхуа хэкум къина адыгэхэми хамэ къэрал щыпсэухэми нобэ нэхъ зыхащIэ хъуащ анэдэлъхубзэр зэраIэщIэкIыр. Абы иригузавэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Адыгэбзэр зэрыхуа щытыкIэм зэпымыууэ топсэлъыхь газетхэр, радиор, телевиденэр, парламентхэм, школхэм, университетхэм абы теухуа псалъэмакъ щIэх-щIэхыурэ къыщаIэт. Утыкум къихьащ я IэщIагъэкIэ адыгэбзэм, литературэм пэжыжьэхэри. Абыхэми я жагъуэ тщIыну дыхуейкъым, фIы ягу илъщ, лъэпкъым и Iуэхум ирогузавэри, ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым хамэ псалъэжь: «Жыхьэнмэм узышэ гъуэгур мурадыфIкIэ сеящ» жыхуиIэр. Абы къикIыр фIы пщIэ уигугъэурэ зэран узэрыхъуфынурщ. Илъэс щитI ипэкIэ псэуа си адэшхуэ БакIуу Алий (абы и цIэр зэрехьэ Хьэгъундыкъуей къуажэм и ижьырабгъумкIэ узыIуплъэ «БакIуулий» мэзым) и бынхэм яжриIауэ яIуэтэж: «Зыми фи чэнджэщ евмыхьэлIэ, Iейуэ къывэмылъэIуауэ». А псалъэхэм сэ мызэ-мытIэу себэкъуэну къысхуихуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щытыкIэ гугъум ихуащи. Сэ езыр адыгэбзэм сыхуеджащ, илъэс куэдкIэ ар щезгъэджащ щIэныгъэ ищхьэ щрагъэгъуэт еджапIэм. Университетым нэхъыбэу лекцэ сакъызыхуеджар урыс литературэм, абы и теорием, хамэ къэрал литературэхэм ятеухуауэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтхэращ. Абыхэм гугъу садехьащ, ауэ псом нэхърэ нэхъ сызэлIэлIар адыгэбзэр егъэджыныращ. Абы и щхьэусыгъуэр куэд мэхъу: адыгэбзэр зэраджа, къызэрахута, ар зэрегъэджын хуей лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зэрытхар урысыбзэщ, абыхэм я нэхъыбэм зыкIи зэтемыхуэ урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ я принципхэр щызэхагъэзэрыхьащ (псом хуэмыдэу синтаксисым), терминологием и нэхъыбапIэри, «точкэм» деж къыщыщIэдзауэ «приложенэ», «определенэ» жыхуиIэм щыщIитIыкIыжу къызэрагъэщIар хамэбзэщ. Пэжщ, термин псори адыгэ псалъэ пхуэщIынукъым, ауэ адыгэ тхыбзэр яухуэу ар джын щыщIадзам абы елэжьахэм зыкъомкIэ я ягъэщ терминологием адыгэбзэ мащIэ фIэкIа зэрыхэмыхьар. Бзэм щIэуэ термин къыщыхыхьэкIэ ар зыфIэмыкъабылхэр къахэкIынущ. Къапщтэмэ, Карамзин «промышленность» псалъэр япэу къыщигъэсэбэпам щыдыхьэшхащ. Нобэ абы и къуэпсхэр урысыбзэм щиукъуэдиящ. Егупсысауэ икIи тегушхуауэ къэщтэн хуейщ псалъэщIэхэр, хьэрэм пщIы хъунукъым бзэм хэзэгъа хамэ псалъэхэри. Сыт Iэмалу диIэр а къытхуэкIуэ Iуэху шынагъуэм дыпэщIэтын папщIэ? Пщэдейрей гъащIэм сыткIэ дыхуэхьэзыр? А Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ ди къэралми (Налшык, Грознэм, Назрань, Мейкъуапэ, Теберда, Владикавказ) ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркуми (Анкара, 2003), Иорданми (Амман, 2008) щекIуэкIа щIэныгъэ конференц зыбжанэм сыкъыщыпсэлъащ, бзэм теухуа комиссэхэми сыхэтащ. Абы къиша гупсысэ гуэрхэр утыкум къислъхьэну сфIэигъуэщ. Акъыл зэхэдзэм сэбэп къишэ хабзэщ. Iуэху еплъыкIэ пэжыр занщIэу уафэм къехуэхыркъым, атIэ ар убзыхуа щыхъур апхуэдэ конференцхэм щIэныгъэлIхэр щызэдауэ-щызэчэнджэщурэщ. IэщIыб щIын хуейкъым бзэм хуемыджахэм жаIэри - адыгэбзэр лъэпкъым и зэхуэдэ мылъкущ. Апхуэдэу щытми, жаIэ псоми Iуэхур тепщIыхьмэ, лъэпкъым сэбэп къыхуихьыну фIэщщIыгъуейщ. Абы и щапхъэу къэтхьынщ ди алфавитым илъэс Iэджэ хъуауэ иращIылIа псалъэмакъыр. Ар зэм мэужьыхыж, зэми къызэщIэроуэж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэм къащохъу хьэрф зэгуэтхэр ди бий нэхъыщхьэу, ахэр димыIэжмэ, псори «насыпыфIэ» дыхъуну.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|