КъБР-м щыIэ МВД-м къетГъэпцIакIуэр яубыдащ Урысей МВД-м Прохладнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ илъэс 91-рэ хъу цIыхубзым. ЗэрыжиIамкIэ, абы и деж псэлъащ и къуэрылъхуу жызыIа, занщIэу гъын щIэзыдза хъыджэбзыр икIи жиIащ гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэ и зэранкIэ къэхъуауэ, ахъши хуейуэ. Трубкэр уэчылу жыхуиIам иритри, ар нанэм елъэIуащ мыгувэу хуэкIуэну щIалэм ахъшэр къыхуригъэшэну. Пенсионеркэм къэпсэлъам жиIар и фIэщ хъури, къэкIуам иритащ зэхуихьэса сом мин 50-р. А псом иужькIэщ ныбжь зиIэ цIыхубзым и къуэрылъхум зыщыпищIар икIи къызэрагъэпцIар къыгурыIуащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIхэм языр, курьеру къэкIуар къыщIагъэщащ. Ставрополь крайм щыпсэур а махуэ дыдэм яубыдри, полицэм и къудамэм яшащ. ЩIалэщIэм илэжьамкIэ зиумысыжащ. ЗэрыжиIамкIэ, интернетым зыгуэр лэжьакIуэ хуейуэ хъыбар къригъуатэри зыпищIащ, адэкIэ абы унафэ къыIэрыхьащ пенсионеркэм и деж кIуэуэ ахъшэ зэрылъ пакетыр къыIихыу ар къыхуигъэлъэгъуа счетым банкомат нэхъ гъунэгъум щрилъхьэну. Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм СледствиемкIэ и IэнатIэм шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ. Ныбжь зиIэ цIыхубзым игъуэта хэщIыныгъэр иратыжащ. НарткотикхэкIхэр къытрах 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспекторхэм «Прохладнэ - Бахъсэн - Эльбрус» федеральнэ гъуэгум, Бахъсэнёнкэ къуажэ дыхьэпIэм деж къыщагъэувыIащ «ВАЗ 2110» автомашинэр. Рулым дэсым и тхылъхэмрэ езы машинэмрэ къыщапщытэм салоным къыщагъуэтащ къэкIыгъэ пкъыгъуэ зэрылъ пакет. Машинэм и пассажир, нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 36-рэ зи ныбжь Шэджэм къалэдэсым жиIащ абы щIэп зэрилъыр, езым и щхьэкIэ къигъэсэбэпыну, ищэн мурад имыIэу зэрызэхуихьэсар. Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахар грамм 369,5-рэ хъу «марихуанэ» наркотикхэкIщ. Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм СледствиемкIэ и IэнатIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 228-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 10-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу хабзэр къызэпызыудар.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2025 - 12:26 →
НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм
26.04.2025 - 10:01 →
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
25.04.2025 - 17:03 →
Дзэпщ
25.04.2025 - 15:33 →
Дамыгъэ нэхъыщхьэ
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
|