Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ

Уэрэдхэми хъыбархэми къазэрыхэщыжымкIэ, Къуэгъулъкъуэхэ, лъэпкъ мащIэ пэтми, нэхъ хабзэ зыхэлъарэ, нэхъ лIыгъэ зиIэрэ къэбэрдей уэркъым яхэтакъым. Ахэр пщытэкъым, лIакъуэлIэшт, Талъостэнхэ я уэркът.

Къуэгъулъкъуэ зэкъуэшитIым зи щхьэр езыхьэлIа ныбжьыщIитIыр хабзэкIэ ирагъэблэгъащ, дахэ къыжраIэщ, къыщыгуфIыкIри, увыIэпIэ къратащ, ягу дахэ къыхуащIащ. Псори зэтес ящIыжыну къыжраIэри, ягу ягъэзэгъащ, ягъэсабыращ.

Иныкъуэм зэрыжаIэмкIэ, Хъымсад и анэшыр Къуэгъулъкъуэхэт, ауэ ар пэжу къыщIэкIынукъым. Пщышхуэхэм зэзэмызэхэт лIакъуэлIэшхэм япхъу къыщашэр. Абы къыхэкIкIэ, пщышхуэ лъэпкъым къыхэкIа Жанхъуэтыкъуэ Кушыку лIакъуэлIэш Къуэгъулъкъуэхэ япхъу къишэну фIэщхъугъуейщ.

КъекIуэлIа я къанхэр къамыгъуэтыну ягъэпщкIури, Къуэгъулъкъуэ ЛIыгъур Хъымсад и адэ Жанхъуэтыкъуэ Кушыку деж къэкIуащ.

 – Унэрыхьэ сыкъыпхуэкIуащ, Жанхъуэт и къуэ! – жиIащ.

ЖыIэн хуейщ, абы щыгъуэ Жанхъуэтыкъуэ Кушыку пщы уэлийуэ зэрыщымытар.

 – Уи пхъур сэ къызахьэлIауэ си деж тешэрэщ щыIэщ. Уи пхъур къызэзыхьэлIар уэ пхуэдэу пщышхуэм къыхэкIащ, Талъостэнхэ я къуэщ.

НыбжьыщIитIыр зэхуэарэзыщ, фIыуэ зэролъагъу. Сэ зи щхьэр къызэзыхьэлIа ныбжьыщIитIым хабзэ яхуэсщIэну си къалэнщ. Уэри сэри ди унафэ хэмылъу езыхэм зэфIагъэкIа Iуэхущи, хэIущIыIу думыгъэщIу Талъостэнхэ къуатын хуей уасэр къызжыIэ, – жиIащ Къуэгъулъкъуэм.

Кушыку езым и унафэншэу и пхъур зэрыдэкIуам иригубжьащ, ауэ зэрыхъун хъуат. УасэмкIэ зэгурыIуэри, Къуэгъулъкъуэр кIуэжащ. Кушыкуми Тэрч псы икIыпIэм щыпигъэтIысауэ Талъостэн и къуэм пэплъэхэр шу игъажэри къригъэшэжащ.

Хъымсадыр Къуэгъулъкъуэхэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэу ирашри, Талъостэнхэ яшащ. А зэманым Талъостэнхэ Джылахъстэнейм я бэзэр Iуащхьэжьу щытам деж щыпсэуащ (иджы Мэртэзей станцымрэ Дейскэ къуажэмрэ я зэхуакум деж).

Мыбдежым къыщыжыIэн хуейщ, джылахъстэней пщыхэр зэрымыгъатхъэу, зэрымыгъэпщу, зэрыукIыу зэрыщытар. Псом хуэмыдэу, Талъостэнхэрэ Мудархэрэ зэтеплъэ мыхъуу зэрыукIырт.

Ауэ Хъымсадыр нысащIэу, зэрашэрэ куэд мыщIауэ, жэщым Талъостэнхэ я къуэм къеджэри щIашри къаукIащ. Нобэми ныжэбэми ар къэзыукIар щэхуу къэнащ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Хъымсадыр щIалэ дыдэу фызабэу къыщынэм, тешэрэщыпIэу здэщыIа Къуэгъулъкъуэхэ я деж яшэжащ. И унафэншэу и пхъур зэрыдэкIуам щхьэкIэ, Кушыку и деж къригъэшэжын игу техуакъым.

Куэд дэмыкIыу нэгъуеипщ Тыгъуэнхэ Беслъэн, Мэртазэхэ къэкIуауэ щыхьэщIэу, Хъымсадым и хъыбар зэхихри, къылъыхъуу щIидзащ. Нэгъуеипщым дежкIэ пщы лъэпкъышхуэм къыхэкIа цIыхубз фызабэ къишэну нэхъ тыншт, хъыджэбз нэхърэ.

ЖыIэн хуейщ, адыгэ цIыхубзхэм я дахагъэм, я щэныфIагъэм, я губзыгъагъэм къыхэкIыу адыгэр къэзыухъуреихьу щыта лъэпкъхэм псоми яхузэрымыгъэгъуэту уасэшхуэкIэ ящэхуу зэрыщытар. Псом хуэмыдэу нэгъуейхэм, къалмыкъхэм, кърым тэтэрхэм, тыркухэм, нэгъуэщI лъэпкъми иратмэ ядэрт, япэрауэ, зратыр пщы лъэпкъыу щытмэ, етIуанэрауэ, уасэшхуэ къыпэкIуэмэ.

Арати, Мэртазэхэрэ Къуэгъулъкъуэхэрэ дэлэлу уври, Кушыкур къытрагъэхьащ Хъымсадыр Тыгъуэнхэ Беслъэн иритыну. Кушыкуми, и унафэншэу и пхъур Талъостэнхэ ядэкIуауэ зэрыщытар и гужьгъэжьти, нэгъуей былымкIэ и пхъур етIуанэу ищащ. «Емынэм и бэракъ фIыцIэр Мэртазэхэ къыщызэфIащIэ, гуимэжьхэр зэщIэщIагъэххэти, Талъостэнхэ сыныдашыж», «Нэгъуей жэмурэ сэ къысщIэпхар чэрэчэкIэ яугуэшыж» щIыжиIэр аращ уэрэдым. Хъымсад нэгъуеипщ Беслъэн хуашащ.

Тыгъуэн Беслъэн а зэманым Псыжь адрыщI унагъуэ пщIей хъу нэгъуей къуажэшхуэм япщу, иджы Краснодар крайм щыщ Ханскэ вокзалыр здэщытым деж щыпсэуащ, хуэкъулейуэ.

ИужькIэ екIуэкIа Iуэхум теухуауэ, зауэм и пэкIэ жьы дыдэ хъуауэ дунейм ехыжа, Нартан щыпсэуа Къэрэгъул МытI хъыбар гъэщIэгъуэн къиIуэтэжауэ IуэрыIуатэм хэлъщ. Мис ар:

Хъымсад Беслъэн зэришэрэ куэд мыщIауэ, махуэ гуэрым пщыр къуажэбгъум щыт Iуащхьэжьым уэршэракIуэ дэкIащ. Ар щалъагъум, я пщым дэуэршэрыну и къуажэгъухэр зырыз–тIурытIурэ кIэлъыдэкIыурэ хъурейуэ къатIысыхьащ. И ныбжьэгъухэр я пщым догушыIэ, мэхьэуэжьыуэ. Ауэрэ куум зэрыхэгъэхьащ. Беслъэным нэхъ и гъунэгъу-ныбжьэгъу, и гушыIэгъуу зы къэпсалъэри жиIащ:

 – Уа, Тыгъуэн и къуэ, Нэгъуейм хъыджэбзу исыр уигу иримыхьу, Къэбэрдейм нэс укIуэу къытхуэпша пхъужь гуащэр зыхуэдэр тлъэгъуакъыми, ар зы гукъеуэ, а гуащэм япэ иIа лIымрэ уэрэ нэхъыфIу илъагъур тщIэркъыми – ар гукъеуитI. Сытым щыгъуэ ди гукъеуэхэр щыдбгъэIуэтэжынур? – жиIэри.

 – Япэрауэ, гуащэр флъагъунуми, иджыри кIасэ хъуакъым, етIуанэу, абы нэхъыфIу илъагъур сэ фэ вжесIэкIэ фи фIэщ хъункъым. Фэ езыр хуит фызощI фыкIуэу феупщIыну! – жиIащ Беслъэн, гуащэм езыр нэхъыфIу къызэрилъагъумкIэ и щхьэр игъэгугъэжу.

 – Уэ нэхъыфIу укъилъагъуу жыпIэрэ? – щIэупщIащ аргуэру.

 – ЖысIэм къыщынэркъым. Иджыри жызори, фи фIэщ мыхъумэ, фIыкIуи феупщI.

 – Дэ дыкIуэнт, ауэ къыпщышынэнщи, пэжыр къыджиIэнкъым, – жаIэу, гушыIэу, дыхьэшхыу здэщысым, къуажэм зы факъырэ къыдыхьэу ялъэгъуащ.

 – Къэдгъуэтащ дгъэкIуэн! – жаIэри факъырэр зыхашащ.

 – Уэ къэплъэIухуэнум хуэдэ мин уэттынщ, мы пщым и гуащэм деж кIуэи, дэ удгъэкIуауи жумыIэ, Къэбэрдейм укъикIа хуэдэу щIыхьи, тхуеупщI уи щыпэлIымрэ иджы уи лIымрэ дэтхэнэр нэхъыфIу плъагъурэ жыIи.

 – СыкIуэнщ, сеупщIынщ, пщыми сыщымышынэу пэжри вжесIэнщ, ауэ сыт сэ абы щхьэкIэ къысхуэфщIэнур? – жиIащ факъырэм.

Псоми жэм зырыз, Беслъэн былымиплI къратыну къагъэгугъащ.

Факъырэр гуфIэщ, и хъуржынымрэ башымрэ хыфIидзэри, гуащэм деж кIуащ.

 – Гуащэр сымылъагъункIэ Iэмал иIэкъым! – жиIэу бэлэбанэм щытригъэчыныхьым,

 – ЛъэIуакIуэ къэкIуащ, къыщIэвгъэхьэ! – жиIэри щIригъэшащ.

Гуащэм факъырэр къыщыхигъэзыхьым, зыгъэкIуари щIагъэкIуари, къратыну къызэрагъэгугъа уасэри иIуэтащ. Хъымсад псалъэ къыпимыдзу факъырэр щIригъэшри къабзэу иригъэгъэпскIащ, щыгъын щIэрыпскIэ и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс иригъэхуэпащ. Ахъшэ тумэнипщI иритри жриIащ:

 – Абыхэм пэжыр ящIэну апхуэдизу щафIэфIкIэ, кIуэи яжеIэ: Тыгъуэн и къуэ Беслъэн и мылъкумрэ и жылэмрэ нэхърэ, Талъостэн и Iэ хужьышхуэр си напэм и зэ къыдэлъэгъуэр нэхъыфIт жиIащ гуащэм жыIи!

Факъырэм псори яжриIэжри, къызэрагъэгугъари иратащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: