IэнатIэр игу дохьэ

 

Гъусэ - Тембот Залинэ Урысей пощтым Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Псынэдахэ къуажэм дэт и къудамэм и унафэщIщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ аращ IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ. ИтIани, лэжьыгъэм хэзэгъащ, мурадхэр и куэдщ, и къалэнхэр фIыуэ егъэзащIэ. Залинэ и гупсысэхэмкIэ дывдогуашэ.

- Залинэ, узиунафэщI пощтым и лэжьыгъэм къытхутепсэлъыхь…

- Си IэнатIэм сызэрыпэрыувэрэ куэд щIакъым. 2021 гъэм Псынэдахэ пощтым и пощтзехьэу сыуващ. Абы и унафэщIыр IукIыжын хуей хъуати, сэ сагъэуващ Псынэдахэрэ Бэтэхрэ IуэхутхьэбзэкIэ къызэщIэзыубыдэ IуэхущIапIэм и унафэщIу. Пощтым лэжьыгъэ щIэлъ, жыпIэмэ, щIэлъщ. Къуажэдэсхэм я псэукIэр дэри зыгуэркIэ къыдэлъытауэ си гугъэщ, дыцIыху кIуапIэщ.

Уэздыгъэм, газым, телефоным я уасэхэр, пхъэнкIий дэшыпщIэр, автомобиль штрафхэр, налог зэмылIэужьыгъуэхэр, кредитхэр - ахэр псори ди деж щызэфIокI. Абы нэмыщI цIыхухэм зэхурагъэхь хьэпшыпхэр, письмохэр ди деж щызэIэпахыну тыншщ. Дэфтэрхэмрэ ахъшэхэмрэ ехьэлIа электроннэ Iуэхутхьэбзэхэри яхудощIэ къуажэдэсхэм. Льготэхэр, пенсэхэр, сабий ахъшэхэр пощтзехьэхэм унагъуэщхьэрыкIыу ягуэшыж. Ди деж Iэ щытрадзэ мэхъу республикэм къыщыдэкI газетхэм. А псом нэмыщI, къуажэдэсхэм я лъэIукIэ пощтым къыщызэдгъэпэщащ нэгъуэщI зы Iуэхутхьэбзэ. Зи узыншагъэм къимыхьхэм, унэм къыщIэмыкIыф жьыкIэфэкIэхэм зыхуеину хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ ди пощтзехьэхэм я унэм хуахьурэ иращэ.

Ауэ мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи щыIэщ. Иджыпсту къуажэхэм къыщежьащ «курьер» жыхуаIэр. Языныкъуэ нэхъыжьхэм я пенсэхэр абыхэм я унэм ирагъэхьыж пщIэкIэ. Абы щыгъуэми дэ яIэрыдгъэхьэжыфынутэкъэ пщIэи щхьэи пымылъу?!

- КъуажитIми къалъысу пощтзехьэ дапщэ фиIэ?

Ди пощтзехьитIым, Уэзрокъуэхэ Залинэрэ Алинэрэ, я лэжьэкIэм сэ арэзы сыкъещI. Махуэ къэс абыхэм километри 6 - 7 къызэхакIухь. Арэзы сыкъащIынутэкъым, цIыхухэр пощт IуэхукIэ зыхуей нэсу хуамыгъазэу щытамэ. Бэтэхи Псынэдахи щыпсэухэр къытхуэарэзыуэ си гугъэщ. IуэхукIэ къыщIыхьэмэ, фIыщIэ къытхуащI.

- «Адыгэ псалъэ» газетым и тедзэныр дауэрэ щекIуэкIрэ фи деж?

«Адыгэ псалъэ» газетыр ди деж щытезыдзэр нэхъыбэу ди нэхъыжьыфIхэрщ. МащIэщ.  Ди жагъуэ зэрыхъущи, къуажэм нэхъыжьу дэсыр нэхъри мащIэ мэхъу. Газет зэбгрыхыным теухуауэ ди деж лъэпощхьэпо щыIэкъым. КъыщыкIуа махуэм дахри ягуэшыж, уэшх къешхми, уэс къесми – зыри ди щхьэусыгъуэкъым.

- Адыгэ газетыр адыгэ унагъуэ къэс илъыныр хабзэфIт…

- Ар лъэпкъым, бзэм ятеухуауэ диIэ гуныкъуэгъуэхэм ехьэлIэжащ газетыр унагъуэ псоми зэримылъыр. Нэхъыжьхэм газетыр яIэщIэлърэ нэхъыщIэ къадэплъейхэм ар щапхъэ яхуэхъуу, хъыбарыщIэхэм, тхыгъэ щIэщыгъуэхэм анэдэлъхубзэкIэ еджэу щытамэ, хэт и дежкIи нэхъыфIт. Иджыпсту нэхъри интернетри утыку къихьащи, я телефонхэм кърырагъадзэурэ хъыбархэм къоджэф. Ауэ ар пэхъуну си гугъэкъым IэкIэ пIэщIэлъу узыщIэджыкIым. НыбжьыщIэ куэдым адыгэбзэр фIыуэ ялъагъу пэтми, абыкIэ еджэну яфIэгугъущ. Ар, дауи, нэхъыжьхэм я къуаншагъэщ. Ауэ дэри Iуэхуншэу дыщыскъым. Iэ традзэну къыхудоджэ къекIуалIэхэр, газетхэр щапхъэу ядогъэлъагъу. Сэ си WhatsAp-мкIэ цIыхухэм садогуашэ газетым и тедзэгъуэ пIалъэхэм теухуа хъыбархэмкIэ.

- Сыт уи лэжьыгъэм утезыгъэгушхуэр?

- Сытрегъэгушхуэ ди нэхъыщхьэхэм я щытхъу кIэщI-кIэщIурэ зэрызэхэсхым. Псынэдахэ пощтыр хабжэ щIыналъэм щынэхъыфIхэм.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

Читать также: