Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, илъэс 30-м щIигъуауэ дохутыр IэнатIэм пэрыт Щоджэн Заур и лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкIыр и щыхьэтщ абы зыпэрыт IэщIагъэр гукIи псэкIи къызэрыхихам, жэуаплыныгъэшхуэ пылъу а IэнатIэр зэрырихьэкIым. 2017 гъэм ар къалъытауэ щытащ Москва и кардиолог нэхъыфIу.
Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Москва и кардиологхэр икъукIэ узыгъэгузавэ гугъуехьхэм Iууауэ щытащ. Инфарктым илIыкIхэм я бжыгъэр сымаджэхэм я процент 18-м нэблэгъат. Профессор Шпектор Александррэ абы и щхьэгъусэ Васильевэ Еленэрэ я нэIэм щIэту къалащхьэм и дохутыр нэхъыфIхэм щытыкIэм зрагъэхъуэжын яхузэфIэкIащ. Абыхэм яхэтащ ди лъахэгъу, Москва и Ищхъэрэ округым и кардиолог нэхъыщхьэ Щоджэн Заур.
- Дэ къэдгъэсэбэпащ технологие нэхъыфIхэр, къалэм и щIыпIэ псоми иджырей медицинэ Iэмэпсымэхэр ятедгуашэри, - жеIэ дохутырым. – Апхуэдэу хамэ къэрал щыIэ клиникэхэм я лэжьэкIэм щапхъэ ятетхащ. Абыхэм инфаркт зиIэ сымаджэхэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр дэри IэнатIэм къыщыдгъэсэбэпу щIэддзащ. А проектым мылъку къыхилъхьащ Москва и Правительствэм икIи къалащхьэм щыIэ щытыкIэ щхьэхуэхэр къэтлъытэурэ дгъэзэщIащ. Абы кърикIуам икъукIэ арэзы дыкъищIащ.
Москва и Ищхъэрэ округым и кардиолог нэхъыщхьэр Вересевым и цIэр зезыхьэ сымаджэщым кардиореанимацэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ, Урысей къэрал медико-стоматологие университетым щрегъаджэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, дохутырым сытым дежи и щIэныгъэм хигъахъуэм къищынэмыщIауэ, езым ищIэмкIи адрейхэми ядэгуэшэн хуейщ.
- ЩIэныгъэ Iуэхури лэжьыгъэри зэгъусэу здэхьыпхъэщ. Абы щыгъуэщ дохутырым Iэзагъ лъагэ къыщигъэлъагъуэфынур. Медицинэм унэтIыныгъэ куэд иIэщ икIи псынщIэу зеужь. Сэ, псалъэм папщIэ, унэтIыныгъэ зыбжанэм зыщызгъэгъуэзащ – къэхутэныгъэ лэжьыгъэм, дохутыр IэнатIэм, административнэ Iуэхум, - жеIэ Щоджэн Заур.
Москва и Ищхъэрэ округым и щIыналъэм цIыху мин 800-м щIигъу щопсэу, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм нэхърэ зы тIэкIукIэ нэхъ мащIэу аращ. Апхуэдэ щIыпIэм кардиологие IэнатIэр къыщызэбгъэпэщыныр тыншкъым. Ауэ ди лъахэгъу щIалэм хузэфIэкIащ а Iуэхур тэмэму зэтриублэн.
Заур Москва щопсэу илъэс 30-м щIигъуауэ. КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къызэриухыу ар ди къэралым и къалащхьэм кIуащ. ЯпэщIыкIэ ординатурэм щеджащ, итIанэ аспирантурэр къиухри и кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIащ.
Медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу кардиологиер къыщIыхихамкIэ дыщеупщIым, Заур жиIащ ар лъагъуныгъэм зэрыригъэщхьыр. «Зы цIыхур хэхауэ нэхъыфIу щIэплъагъум и щхьэусыгъуэр зэрыпхуэмыIуатэм ещхьщ», - къыпещэ абы пыгуфIыкIыурэ.
Курыт школым и 7-нэ классым щыщIэсым абы ищIэрт дохутыр е биолог зэрыхъунур. ЯпэмкIэ абы щапхъэ зытрихын иIэт – республикэм щыцIэрыIуэ дохутыр благъэ иIэт, мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, абы сытым дежи щIыуэпсыр фIыуэ илъагъурт икIи школым щыщIэсым дихьэхауэ биологиер иджащ.
- Сыкъэзылъхуахэр медицинэм зыкIи епхатэкъым, ауэ абыхэм сахуэарэзыщ къыхэсха IэщIагъэр къызэрыздаIыгъамкIэ, сакъызэрыгурыIуэмкIэ. Адэ-анэмрэ бынымрэ яку къыдэхъуэ псалъэмакъхэм хуэдэ зэи диIакъым. КIэлъыплъыныгъэ ткIийм зэи сыщIагъэувакъым, дзыхь къызэрысхуащIыр сщIэуэ, сэри ар зэрызгъэпэжыным сыхущIэкъуу сыщытт, - жеIэ Заур.
IэщIагъэ хуэхъуныр къыхэхынымкIэ сэбэп хъуащ анэшхуэр. Зэгуэрым ар сымаджэ хъури, операцэ ящIащ. Пщыхьэщхьэм Заур и анэр унэм къыщыкIуэжым, анэшхуэм къыхуригъэхьа «тыгъэр» - лъы защIэ хъуа и жэщ джанэр - иритыжащ икIи къыжригъэIащ: «Дохутыр IэщIагъэр къыхихмэ, зрихьэлIэнкIэ хъунур ирещIэ ди щIалэм».
- А пщыхьэщхьэм сэ къызгурыIуащ дохутыр сызэрыхъунур, - жеIэ Щоджэным. – Ар ещхьщ сурэткIэ фIэкIа умылъэгъуа хъыджэбзым хуэпщIа лъагъуныгъэм. Кардиологиер зищIысыр нэсу си нэгу къысхущIэмыгъэхьэми, ар сызэрейр зыхэсщIэрт. Къапщтэмэ, медицинэм а и унэтIыныгъэр си хьэлым и зыхэлъыкIэм хуокIуэ. Абы къыхэкIыу, кардиологиер къызэрыхэсхам зэи сыхущIегъуэжакъым.
Дохутыр Щоджэным и лэжьыгъэм медицинэр нэхъапэм зытету щыта хабзэжьыр къыщегъэсэбэп: ар зэIэзэр узыфэракъым, атIэ цIыхурщ. Дэтхэнэ и зы сымаджэми абы бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэт.
- Дохутырыр цIыху ткIийуэ щытын хуейщ зэрыжаIэм арэзы сытехъуэркъым, уеблэмэ ар щыуагъэшхуэу къызолъытэ, - жеIэ Заур. – Дохутыр ухъун папщIэ цIыхур фIыуэ плъагъуу, гущIэгъу пхэлъу, гуапэу ущытыпхъэщ. Ди IэщIагъэр къыхэзыхахэм а хьэлхэр Iэмал имыIэу яхэлъын хуейщ. Сымаджэр тэмакъкIэщI, гурыщхъуэщI мэхъу, абы фIы дыдэу зыхещIэ дохутырым къыхуиIэ щытыкIэр.
НэхъыфIым сытым дежи ухущIэкъуныр Iэзагъэ лъагэхэм и нэщэнэхэм ящыщ зыщ. ЕхъулIэныгъэм зи щхьэр игъэунэза дохутырыр и щхьэми зэран хуохъужри, сымаджэхэмкIи шынагъуэщ. Ар фIы дыдэу къыгуроIуэ Заур икIи абы къыхэкIыу нэхъыбэ зэрызригъэхъулIэнум хущIокъу. Абы и лэжьэгъуэ махуэр зэригъэкIуэнур дакъикъэ зырызурэ убзыхуащ.
- Зэманыр – тыгъэ лъапIэщ, абы къыхэкIыуи цIыхум и къалэнщ ар къигъэсэбэпыфу зригъэсэну, - жеIэ Щоджэн Заур.