Уэрыш Мадинэ нэхъыфIхэм хабжэ«Илъэсым и экспортер» урысейпсо саугъэтым и комиссэм иджыблагъэ наIуэ къищIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу текIуэныгъэхэр зрата IуэхущIапIэхэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, «Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и продукцэ хьэзырхэмкIэ илъэсым и экспортер нэхъыфI» зэпеуэм и 3-нэ саугъэтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Торговый Дом «Аква-Кристалл»-м къыхуагъэфэщащ. IуэхущIапIэм и унафэщI Уэрыш Мадини Iыхьэншэ хъуакъым – ар щытекIуащ «ЦIыхубз-экспортер нэхъыфI» зэхьэзэхуэм. «Торговый Дом «Аква-Кристалл» заводым псыхэкIхэр, нарзаныпсыр, псы IэфIхэр щрагъэхъуэ. Абы и лэжьыгъэм IэкIуэлъакIуэу къыщегъэсэбэп иджырей технологиехэр, зэхэлъхьэкIэхэр икIи хущIэкъу зэпытщ фIагъ лъагэ зиIэ продукцэхэр утыку кърихьэну. Заводыр 2006 гъэ лъандэрэ мэлажьэ. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу «Илъэсым и экспортер» урысейпсо саугъэтым щытекIуахэр мы гъэм фокIадэм Шэшэным и Грознэ къалэм щагъэлъэпIэнущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Илъэсым и экспортер» урысейпсо саугъэтым и комиссэм хэтщ къэралым и министерствэхэм, ЭкспортымкIэ урысей центрым, ВЭБ.РФ-м, хьэрычэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр икIи абыхэм зэхуэдэу къапщытэ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, промышленнэ IуэхущIапIэшхуэхэм я зэфIэкIхэр.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 11:18 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ
08.10.2024 - 11:18 →
ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм къахохъуэ
08.10.2024 - 10:01 →
Ди къуэш республикэхэм
07.10.2024 - 14:20 →
Лъэпкъым и нэхущ вагъуэ
07.10.2024 - 14:17 →
ЩIэблэм я гупсысэ щхьэпэхэр
|