Нобэрей IуплъэгъуэкIэБольшевикхэм (иужькIэ коммунист хъужахэм) тепщэныгъэр зэраубыда щIыкIэмрэ кърикIуахэмрэ ноби цIыхухэр иризодауэ. Девгъэгупысыт абыхэм нобэрей IуплъэгъуэкIэ.
«ПщафIэми къэралыр хузехьэнущ» ЦIыху мелуанхэр хэкIуэдауэ, къэралым и къулыкъущIэхэр зэтеукIауэ, заводхэмрэ фабрикэхэмрэ зэтекъутауэ, щIыр зэщIэкIэжарэ елэжьын ямыгъуэтыжу илъэсищ граждан лъыгъажэр иухащ. Абы ипэкIэ япэ дунейпсо зауэм апхуэдиз дыдэкIэ зэрыхэтар къэплъытэжмэ гурыIуэгъуэт цIыхухэр мамыр лэжьыгъэм хуабжьу зэрыхуэзэшар. А псори икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэувэжын хуейт. «Вы зимыIэм, шкIэ щIещIэ», жыхуаIэрати, къулыкъухэр трагуашэу хуежьащ щIэныгъи IэщIагъи зыбгъэдэмылъ, ауэ властымрэ большевик партымрэ хуэпэж цIыхухэм. УнафэщIыным зыри хэмылъу абыхэм къалъытэрт, псом ящхьэр революцэм хуэпэжынырт. Абы щыгъуэращ «пщафIэми къэралыр хузехьэну» щыпхагъэкIар. Псалъафэ нэхъ Iущ дыдэу къалъытэрт, зыгуэр щызэхуэмыхъум и деж, «Дэ университетхэр къэдухакъым» къулыкъущIэм жиIэныр. АбыкIэ псори къыхуэгъурт. Арати, нэхъапэм «зыми щымыщар иджы сыти хъуащ».
ЩIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыныр Большевикхэм я ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным ерыщу яужь зэрихьар. Зэман кIэщIым къриубыдэу къэралым и щIыпIэ псоми еджапIэхэр къыщызэIуахащ икIи сабии бэлигъи партэхэм дэтIысхьащ. КъагурыIуат щIэныгъэншагъэм кIыфIыгъэм укъызэрыхимыгъэкIынур. ВластыщIэм мылъкушхуэ тригъэкIуадэу щIидзащ цIыхухэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ егъэгъуэтыным. ИкIи зэман кIэщIым къриубыдэу къэралым щыпсэухэм и нэхъыбэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ зрагъэщIащ. Революцэм ипэкIэ адыгэхэм я процентитIымрэ балъкъэрхэм я процент ныкъуэмращ щIэныгъэ зыбгъэдэлъар. Нэхъыбэуи зыхуеджар динрат. Илъэс тIощI дэкIа иужькIэ емыджэфрэ мытхэфрэ ди деж къыщыгъуэтыгъуейт. ДиIэ хъуащ япэ щIыкIэ хьэрып, къыкIэлъыкIэу латин, иужькIэ кириллицэ хьэрфхэр зи лъабжьэ тхыбзэ гъуэзэджэ. АбыкIэ традзэрт тхылъхэр, газетхэр, журналхэр. Дгъуэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, къулыкъущIэхэр… Щыуагъэ нэхъыщхьэхэр I9I7 гъэм и щэкIуэгъуэм щыIа революцэм щыуагъэ зыбжанэ IэщIэкIащ. Зэман дэкIри абыхэм ар IэщIэкIуэдэжащ. Псом япэрауэ, мылъку зыIэщIэлъа, къулыкъу зезыхьа псори здрагъэхьащ, пащтыхьым хуэлэжьауэ къалъытэри. Арати, илъэсищэ бжыгъэкIэ зэфIэува гупсысэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ къанэ щымыIэу гъэкIуэда хъуащ. Пэжщ, зэман дэкIщ, властыр яхуземыхьэ хъури абыхэм ящыщу ягъуэтыжахэр къэрал къулыкъум, дзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми ираджэжащ икIи хуабжьу сэбэп яхуэхъуащ. Ауэ абы ирихьэлIэу куэд дыдэ зэтеукIа хъуат, нэхъыбэжым къэралым ябгынат. ЕтIуанэрауэ, динымрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ хэутэн ящIащ. Къалъытащ «диныр цIыхубэм и афияну» абы и щхьэр игъэуназэрэ кIыфIыгъэм къыхимыгъэкIыу. Абы ипIэкIэ тхьэпэлъытэу ягъэуващ Ленинымрэ коммунист идеологиемрэ. ЗэтраукIащ дин лэжьакIуэ минхэр, зэтракъутащ мэджытхэмрэ чылисэхэмрэ. Къэралымрэ динымрэ зэпэщхьэхуэ ящIащ. КърикIуари нэрылъагъущ: Алыхьри цIыхури зи фIэщ мыхъу щIэблэхэр къэунэхуащ, шыни укIыти ямыщIэу. Щымыхъужыххэм къэралым диным зыхуигъэзэжащ, коммунист атеистхэми тобэ къахьыжащ. Ещанэрауэ, большевикхэм я япэ унафэхэмкIэ лъэпкъ псори хуит ящIыжами, хуэм-хуэмурэ ахэр зэIэщIалъхьэжащ икIи я кудагъкIэ гуп-гупу зэщхьэщадзащ: щхьэхуитыныгъэр зи нэхъыбэ союз республикэ I5-у, абыхэм яхэт икIи къакIэлъыкIуэ автоном республикэ 20-у, хуитыныгъэ щIагъуэ зимыIэ автоном област зыбжанэу, зыми щымыщ адрейхэу. ЕплIанэрауэ, заводхэмрэ фабрикэхэмрэ – рабочэхэм, щIыр – мэкъумэшыщIэхэм яйуэ ягъэIуу ахэр ягуэшыжами, ари къэралым зыIэщIилъхьэжащ. Арати, мылъкур псоми яй хуэдэу, арщхьэкIэ зыми и Iуэхуи и фейдэи хэмылъу къыщIидзыжащ. Етхуанэрауэ, коммунистхэм адрей парт псори ягъэкIуэдащ, я щыуагъэхэр езыгъэлъагъужын къамыгъанэу. ДэнэкIи яунэтIми яфIэзахуэурэ СССР абрагъуэр, дунейм и Iыхьэ ханэр зыубыд къэралыгъуэр, къызэднэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм и пэщIэдзэхэм зэхагъэлъалъэжащ. ЗэгурыIуэжыныгъэмрэ зэкIужыныгъэмрэ я лъэхъэнэ Зэманым нэхъ хущхъуэфI щыIэкъым. Ар сэбэп хуэхъуащ илъэс 87-рэ ипэкIэ зэпэщIэувахэм я щIэблэм. Лей зезыхьахэм къащIэхъуахэм я адэжьхэр зэрымызахуар къащIащ, ар зыкIэлъызэрахьахэри хей ящIыжащ. Коммунистхэм Iэтауэ ягъэлъапIэу щыта Октябрь революцэр къыщыхъуа щэкIуэгъуэм и 7-р зэгурыIуэныгъэмрэ зэкIужыныгъэмрэ я махуэу ягъэуващ. Иджы куэдрэ укъыщеджэ, щызэхэпх щыIэщ хужьхэм я Iэтащхьэу щытахэу Врангель, Колчак, Юденич, Деникин сымэ хуэдэу лъэпкъыр, хэкур зыми фIыуэ ялъагъуу щымытауэ икIи ахэр цIыху телъыджэрэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъахэу. Абы щыгъуэми революционер цIэрыIуэхэу Ленин, Сталин, Дзержинский, Орджоникидзе сымэ, адрейхэми я фэеплъ сын куэдхэр ягъэпщкIужащ, абыхэм я цIэр зезыхьэу щыта къалэхэмрэ уэрамхэмрэ я фIэщыгъэцIэр нэгъуэщIкIэ яхъуэжащ. Дунейр къутэжыхукIэ зэбий щыIэкъым. Ар фIыщ. Лейр гъэгъун хуейщ, ар зылэжьам и фIэщу тобэ къихьыжарэ абы къытримыгъэзэну уи фIэщ хъуамэ. Хужьуи, плъыжьуи, фIыцIэуи зыдугуэш хъунукъым – дэтхэнэми и гупсысэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ дигу тедгъахуэу, абыхэм яхуэфэщэн пщIэ хуэтщIу дыздэпсэун хуейщ. Армырамэ, революцэ лъыгъажэхэм зэи дыкъыхэкIынукъым. Апхуэдэхэм хеипсэу щагъэныр сыт щыгъуи бжыгъэншэщ. Тхьэм дыщихъумэ! Хьэтау Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
04.09.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хэхыныгъэм епхахэм хабзэм къемызэгъыу къыщыбгъэщхьэпэ зэрымыхъунум теухуауэ зыщыгъуэзапхъэ
01.09.2026 - 10:57 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
01.09.2026 - 09:00 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
28.08.2026 - 15:24 →
Захуагъэр япэ ирагъэщынущ
| ||




