Насыпым и щэхур арэзыныгъэрщХэт насыпыфIэну хуэмейр? А упщIэм и жэуапыр фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъми и дин къалэнхэр къызыфIэмыIуэхум дежкIи зыщ. Дэтхэнэ цIыхури щощтэ «насыпыншагъэкIэ» зэджэ щытыкIэм. Ауэ дэнэ къыздикIыр насыпкIэ дызэджэ фIыгъуэр? Сыт насыпу къэлъытапхъэр? Шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор и хъутIбэ купщIафIэм зэрыщыжиIэмкIэ, насып лIэужьыгъуэ псоми лъабжьэ яхуэхъур гупсэхугъуэрщ. «Мы дуней хъурейм цIыхуу тетым зэщхьу сыт яхэлъыр жыпIэмэ, япэ дыдэ къыпхуэхьыну щапхъэхэм ящыщщ псоми гупсэхугъуэ къызэралъыхъуэр. Хэти хущIокъу зыгъэгузавэ, зыгъэгупсысэ, зыгъэпIейтей щымыIэу, и гур мыныкъуэу насыпыфIэу мы дунейм тетыну. АбыкIэ псори зэтохуэ. Ауэ а гупсэхугъуэр къызыхэкI, къыздикI, къэзышэ Iуэхугъуэхэм теухуауэ цIыхухэр зэщхьэщокI. Щхьэж и къэухьым, и гупсысэр здынэсым тещIыхьауэ, зым ар мылъкум ирепх, адрейм гупсэхугъуэр къулыкъум къыхэкIыу къыфIощI, хэти быным къыдэкIуэу хуегъэфащэ. Пэжращи, мылъкуми, бынми, къулыкъуми къахэкI гупсэхугъуэр къакIуэ-кIуэжщ. Уеблэмэ абыхэм гупсэхугъуэ къащыхэмыкIыр мащIэкъым. Къулей дапщэ мы дунейм насыпыншэу тет? Къулыкъу лъагэ зиIэ дапщэ бгъуэтыну, гупсэхугъуэ жыхуаIэр гъунэгъуу зыхамыщIэу. БынкIэ Алыхьыр къыхуэупсауэ, ауэ ардыдэм насыпыншэ ищIауэ дапщэ щыIэ? Ауэ мыдэкIэ зыкъэбгъазэмэ, урохьэлIэ мылъкууи бгъэдэлъ щымыIэу, къулыкъум теухуауи зыхамыбжэIауэ, бынкIи мыкъулейуэ, ауэ дуней псор IэщIэлъым хуэдэу гуфIэу, гупсэхугъуэр и нэгум къищу, тхьэусыхэуи лей гуэр жиIэуи зэхыумыхыу. Сыт-тIэ ар къызыхэкIыр? Сыт ар апхуэдэу щIыщытыфыр? Абы щэхуу хэлъыр мыращ. ЦIыхум иIэр фIыщIэ ищIу, ар мащIэми, абы щыгуфIыкIыу, абыкIэ Алыхьым арэзы хуэхъуу щытыныр е щымытынырщ Iуэхур зытеухуар. Арэзыныгъэр цIыхум хьэлу щиIэм деж, унэм я нэхъ цIыкIум щIэсми, дунейр нэхурэ хуиту елъагъу. Ауэ цIыхум арэзыныгъэр къыщыхуэтым деж, унэм я нэхъ иным щIэсми, дунейр кIыфIрэ зэву къыщохъу. ЖеIэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам: «Iиманым и IэфIагъыр зыхищIащ Алыхьым - Тхьэуэ, ислъамым - дину, Мухьэмэдым - ЛIыкIуэу арэзы ятехъуам». Адрей хьэдисым къыщокIуэ: «Алыхьым – Тхьэуэ, ислъамым – дину, Мухьэмэдым – ЛIыкIуэу арэзы сытехъуащ» жызыIэм жэнэтыр къилэжьащ». Мы хьэдиситIращ лъабжьэ яхуэхъур насыпрэ гупсэхугъуэу щыIэ псоми. УкъэзыгъэщIар пщIэжрэ Абы арэзы утехъуэу, Абы къигъэкIуа цIыху лъапIэр Бегъымбару уи фIэщ хъурэ и псалъэр къапщтэу, къихьа динри арэзы ухъуу зепхьэмэ, мис аращ дунейкIи ахърэткIи насыпри гупсэхугъуэри. Ахэр зищIысыр ящIэркъым, ящIэми ягъэзащIэркъыми аращ цIыху куэд насыпыншэу мы дунейм щIытетыр. «Насыпыншагъэр къызыхэкIыр сыт?» - жаIэу, щIэныгъэлI гуэрым щеупщIым, къажриIащ: «ЦIыхур Алыхьталэм хуэарэзыуэ зэрымыпсэурщ». «Ари сыт-тIэ къызыхэкIыр?» - еупщIащ аргуэру. «Алыхьталэр нэгъэсауэ зэрамыцIыхум», - къажриIащ. Зэрыщытри аращ. Алыхьталэр нэгъэсауэ къэзыцIыхуар Абы арэзы темыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы арэзы техъуари насыпыфIэ мыхъуну Iэмал щыIэкъым. Сыт нэхъыфIу щыIэ, Алыхьталэм укъигъэщIауэ, Езым узэрыбгъэдэтыну динри къуитыжауэ, ар зэпкърызыхыж цIыхуи къыпхуигъэкIуэжауэ, ахэр уи фIэщ хъурэ арэзы утехъуэу мы дунейм утетыным нэхърэ? ЦIыху зырызри абы насыпыфIэ ещI. Лъэпкъым щыщ псоми ар къызэдащтэмэ, ари насыпыфIэ мэхъу. Лъэпкъ псом зэакъылэгъуу, ди Тхьэри, ди динри, ди бегъымбарри зыщ жаIэу, абы арэзы техъуэжу щыпсэум деж, ар фIыгъуэу щыIэм я нэхъ фIыгъуэщ. ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэу зэзыпхри, зы зыщIри, зэкъуэзыгъэувэри динырщ. Диныр зымэ, а зымкIэ зэрыцIыхубэу арэзымэ, лъэпкъыр гъуэгу махуэ теуващ. Диныр зыбжанэмэ, зым адрейр фIэауанмэ, лъэпкъыр гъуэгу мыгъуэ теувауэ аращ. Алыхьталэм ди щхьэкIи ди лъэпкъкIи фIым дыхуишэ, и арэзыныгъэм дыпищIэ, дыкъихъумэ, гузэвэгъуэм дыщихъумэ, ди динри къытхуихъумэ!»
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 14:37 →
Къуажэжьым ихъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр
03.10.2024 - 15:00 →
Дунейр зыхуэныкъуэ цIыху
03.10.2024 - 12:00 →
Сабийхэм зыщаужь
03.10.2024 - 11:00 →
ГъащIэм узэреплъщ
01.10.2024 - 14:49 →
Псэр зыгъэлъатэ
|