Адыгэ тхакIуэ Шыгъушэ Алий и Iэдакъ экъыщIэкIа мы тхыгъэм хэлъ гупсысэр куэдым ягу ирихьыну, къахуэщхьэпэну къэтлъытэу тыдодзэ «Уэращ си напэр» рассказыр.
Хьэбас лэжьапIэ къикIыжырт. Ар зэрыс автобусым цIыхур игуат, и джабэхэр пхатхъыным хуэдэу. КъэувыIэпIэ къэс цIыху гуп иурти, уи псэм «уэху» жиIа къудейуэ, асыхьэту нэхъыбэж къызэригуэжт. Хьэбас иужь дыдэ тIысыпIэм щыст, зригъэщIауэ. Ар хуабжьу ирагъэшат нобэ иIа сыхьэтихым, ауэ иджыри ямыутIыпщауэ нобэрей дерсхэр зэритам и гупсысэхэм яIыгът. Уи дерсыр фIы хъуамэ – гукъыдэж уогъуэт, мыхъуамэ – гунэджыншэу унагъуэм уохьэж. Дерсыр фIы хъуныр псом япэу зэлъытар еджакIуэхэр къызэрыдэпхьэхыфырщ, псом хуэмыдэу – «Iуэхуншэхэр».
Хьэбас «Iуэхуншэ» ищIыр емыджэу, зэран хъууэ классым щIэсхэрт. Абы и гупсысэр зэпеуд щIыIэм исауэ, и пэр дрилъэфейуэ и пащхьэм къит сабийм. ЩIалэ цIыкIум хуабагърэ гуапагърэ къыщилъыхъуэрт зызыщихъуэу зыбгъэдэт цIыхухъу балигъым деж. Хьэбас нэкIэ къилъыхъуащ сабийр зейр, ауэ къыхуэщIакъым. КъэувыIэпIэ къэс цIыхухэр пIащIэу икIыжырт, щIалэ цIыкIур зыми здришыжыртэкъым. Хьэбас щикIынур иужь дыдэ къэувыIэпIэрати, автобусым къинахэр мащIэ дыдэ щыхъум, къогузавэри щIалэ цIыкIум йоупщI: «Дэнэ щыIэ уи мамэр?» Зыри къыжримыIэу, къоплъ сабийр, «ГущIэгъу къысхуэщI» – жиIэ хуэдэ.
Сыт ищIэнур – сабийр шоферым къыхуигъанэу езыри икIыжыну хьэмэрэ я унэ ишэну? Хьэбас и Iуэхур къыщигъэпсынщIащ, ар зэгупсысыр къыгурыIуам хуэдэу, автобусым къыкIэлъикIыу и ужь къиува щIалэ цIыкIум.
СэIихьэт и лIым хуэпщэфIауэ, къэсыжыным ежьэу диваным ист, телевизор еплъу. Уэзджынэр къыщызум, гуфIэу къыщолъэтри, пожьэ. Бжэр зэрыIуихыу хъурымэ-жьэрымэкIэ гъэнщIа бахъэ Iэрамэ щIолъэтри, абы и пIэкIэ, Хьэбасрэ щIалэ цIыкIумрэ ящIыгъуу, щIыIэ гуэрэн пэшым къыщIоуэ.
– Мыри хэт? – щIоупщIэ СэIихьэт, бжэр якIэлъыхуищIыжурэ.
– Мыр… СщIэркъым. Ди хьэщIэщ. Япэ щIыкIэ дгъэшхэнщ, къэдгъэхуэбэжынщи, хэтми итIанэ къыджиIэнщ, аракъэ, ПIытIэ? – Хьэбас хьэщIэм дэIэпыкъуурэ кIагуэ тешхыхьа хуабэ зыщIэмылъыжыр щрегъэх. И хьэукIпыIэ тIэкIур езым зыщхьэрехри къыхуеший, мыри фIэдзэ, жыхуиIэу.
Хьэбас и курткэмрэ пыIэмрэ фызым Iехри фIедзэ. ЦIыхухъуитIым затхьэщIри, СэIихьэт хьэзыр къищIа Iэнэм бгъэдотIысхьэ. ЩIалэ цIыкIур дыгъужь нэщIауэ шхэрт, хэгъэрейхэм яхудэплъейуэ. Iэнэм къыпэрыкIыжу диваным зрагъэзэгъа нэужь, Хьэбас и хьэщIэм зыхуегъазэ:
– Иджы, уи цIэр къыджеIэт, щIалэфI.
– Сэ сы-Русикщ, – зи ныбэ из хъуа щIалэ цIыкIур нэщхъыфIэ къэхъуауэ, жэуап ирет нэIуасэ зыхуэхъуа лIым.
– Хэтхэ уарей? – Зыри жиIэркъым Русик, гъуэрыгъуэурэ зэлIзэфызым йоплъ.
– Уи папэр хэт?
– Уэращ.
Хьэбасрэ СэIихьэтрэ зоплъыжри мэдыхьэшх. Русик Iэнкун къохъу.
– Пэжщ Русик жиIэр, – Хьэбас, сабийр фIэтхьэмыщкIэу, и щхьэм Iэ делъэ. Хьэбасрэ СэIихьэтрэ бын ямыIэу илъэс зыхыбл хъуауэ зэдэпсэут. Дохутыри Iэзи къагъэнатэкъым я нэр къызыхуикI сабийр ягъуэтын щхьэкIэ. Иджы, бын зэрыщыгугъыжи щымыIэу, зэдэпсэухэрт. Хьэбас и Iыхьлыхэм яхэтт «игъэкIыжи, нэгъуэщI лъхуэн гуэр къашэ» жызыIэ. Хьэбас ар хуэщIэртэкъым: бын ямыIэми, фIыуэ зэрылъагъухэу зэдопсэу, адэкIи Тхьэм жыхуиIар ялъагъунщ. Я хьэщIэм и цIэр къажриIа щхьэкIэ, и унэцIи и адэцIи къахупыхакъым.
– Пщэдей къэдгъуэтыжынщ уи папи уи мами, Русик. – жеIэ Хьэбас, абы игу фIы хуищI и гугъэу, и щхьэм Iэ дилъэурэ.
– Уэращ си папэр, сэ зы щIыпIи сыкIуэнукъым, – Хьэбас и пщэм зрешэкI сабийми, и нэпсхэр къыщIолъэлъ.
– НтIэ, нтIэ, тIасэ, – зрекъузылIэ Хьэбас сабий къэпIейтеяр. СэIихьэти ябгъэдотIысхьэ IэплIэ зэхуэзыщIхэм. Абы и гур кIэрыпщIат Русик нэ къуэлэн цIыкIу, ауэ и лIым зыкъригъэщIакъым, сабийми зыуи зыхуищIакъым.
* * *
Пщэдджыжьым жьыуэ, Русики здишэри, Хьэбас мылицэм кIуащ. ЯжриIащ щIалэ цIыкIур зэрыщхьэрыуар, ишэу и дей ныжэбэ зэрыщигъэIар, иджы зейр къигъуэту иритыжыну зэрыхуейр. Куэд дэмыкIыу и адэ-анэр хэтми къащIэ. Ахэр зэбгъэдэкIыжри, унагъуэ зырыз яухуэжауэ псэурт. И адэр щIыпIэ жыжьэ Iэпхъуат, ауэ и анэр мы къалэм дэст. АрщхьэкIэ зыдэкIуэжа лIым идакъым фызым и къуэр и дей ишэну, «ухуеймэ, хэти ет» – жери. Апхуэдэу щыхъум, анэм и анэм кIэщIидзащ.
Анэшхуэри куэдрэ къыхуеякъым пхъурылъхум: лIы дэкIуэжыну триухуати, ари хуейтэкъым и лъэм лъахъэ ирилъхьэжыну. Ар иджыри жьытэкъым, унагъуэ насып игъуэтыжыну гугъэ къыщIэкIынт. Махуэ гуэрым анэшхуэм сабийр здыщIегъури цIыхур игуауэ зэрыс автобусым йотIысхьэ. КъэувыIэпIитI-щыкIэ зрегъашэри, и закъуэ къокIыж, сабийр къренэри. ЩIалэ цIыкIур апхуэдэу губгъуэм къизынар анэшхуэрами, бынымкIэ жэуап зыхьыр къэзылъхуа анэрати, хъыбар ирагъащIэри, ар мылицэм къашэ. Русик и анэр щилъагъум, Хьэбас бгъэдолъадэ. Фызыр и анэм хуохъущIэ, къуэ иритар щхьэрыутIыпщ ищIауэ лIы Iуэху зэрызэрихуэм щхьэкIэ:
– Сыту мыукIытэрэ и жьыщхьэ, пхъурылъхур хыфIидзэри ежьэжащ. НакIуэ, – и къуэм бгъэдохьэри и Iэпэр щIыкIейуэ еубыд.
– Сыхуейкъым, сэ си папэ къэзгъуэтыжащ, – анэм зыIэщIеудри Хьэбас йожалIэ.
– Сабийр къэбгъапцIэри зыIэщIэбубыдауэ аращ, – хъущIэ хуэдэу зещI анэм, ауэ игу илъыр нэгъуэщIщ: «Хуеймэ, естынт, сшэжынущи, си лIым идэнукъым, къызэIыхьэнурэ щIэпхъуэжынущ. Сэ ар фIыуэ солъагъу, щIэпхъуэжыну сыхуейкъым. Фызыжьыр къыхуеиххэкъыми пихыжащ, дэнэ здэсхьынур?»
– Уэ къуэ уиIэкъэ? – фызыр Хьэбас йоупщI.
– Къызэптыну арат?
– Ухуеймэ, уэстынущ. Си лIым идэркъым, си анэм дэкIуэжыну зегъэхьэзыр. Сабий унэм естын хуей хъунущ.
– ЖыпIэр сыт? Дауэ уанэ, лIы щхьэкIэ уи быныр хыфIэбдзэу, улIэмэ нэхъыфIщ абы нэхърэ!
– Уэ сыбгъэIущыжыну дэнэ укъикIа, накIуэ, Русик, – и Iэпэр еубыдри ирелъэфажьэ.
– Сыхуейкъым, сынэкIуэнукъым! – ЗыIэщIеудри Хьэбас зыкъуегъапщкIуэ. АрщхьэкIэ, токIиери, аргуэру ирелъэфажьэ.
– Сыхуейкъым, сыхуейкъым. Сэ папэщ сызыхуейр! – сабийр мэгъуэг, хуэкIуэркъым. Хьэбас къоплъ, къыздэIэпыкъу, жыхуиIэу.
– Сабий унэм пшэныр пэжмэ, уэзгъэшэнукъым, – поув фызым Хьэбас.
– Уи Iуэхуу хэлъыр дапщэ? Мыр сэращ зи сабийр, текIуэт! – фызыр къытокIие.
– Укъэмыгубжьу ди фIэщу дызэгъэпсалъэ, дахэ. Уарэзымэ, Русик сэ къуэ сщIынущ. Ар нэхъыфIщ сабиймкIи, уэркIи, сэркIи. Гуэныхьщ, зеиншэ умыщI.
– Уэ къуэ пщIынумэ, узот. Сыарэзыщ, – мэгуфIэри и къуэм и Iэр еутIыпщыж фызым, – ауэ фIыуэ лъагъу, тэмэму гъасэ, – къыхущIегъуж.
Хьэбас, абы жэуап иримыту, ауаныщIу погуфIыкIри, сабийр зрешэлIэж…
Илъэсищ мэхъу Русик Хьэбасрэ СэIихьэтрэ ящIыгъуу зэрыпсэурэ. Абы а тIури фIы дыдэу елъагъу, къызэрамылъхуар игу къигъэкIыжыххэркъым. И ани, и анэшхуи, и ади я гугъу зэи ищIыркъым. Папэ школым къикIыжыху хуэпIащIэу махуэ къэс поплъэ. Абы Iэджэ щIауэ тетради ручки къыхуищэхуащи, егъатхэ, сурэт ирегъэщI, хьэрфхэр ирегъэцIыху. Портфели, буквари, альбоми, къэрэндащ зэмыфэгъуи – зыхуеину псори мамэ къыхуищэхуащ. Дауи къыхуимыщэхунрэ – мы гъэм и школ кIуэгъуэщ.
* * *
Нобэ сентябрым изщ. Русик япэу школым кIуэнущ. Зыхуеину хьэпшып псори, и папэ къыдэIэпыкъуурэ, тхылъылъэм дигъэзэгъащ. Папэщ школым зышэнур, мамэ щыIэкъым, сымаджэщым щIэлъщ, Русик шыпхъу цIыкIу къыхуилъхуауэ. Абы нобэ и гуфIэгъуэ тIуащIэщ – япэу школым макIуэ, шыпхъу цIыкIуи иIэщ, РадимэкIэ еджэу. Хьэбасрэ СэIихьэтрэ къыхуэмыгуфIа хьэблэм дэскъым. «Плъагъурэ, – жаIэ ахэм, – зэрыцIыхуфIхэм щхьэкIэ зы хъыджэбз цIыкIуи Тхьэм къаритащ. АдэкIи Алыхьым къахуищIэр ялъагъунщ…»