Уафэгум и «вагъуэ»

Нобэ дигу къыдогъэкIыж Урысейм мы гъэм Iэтауэ щагъэлъапIэ, япэ космонавт хъуауэ щыта Гагарин Юрий и гъащIэр. Абы и и илъэс 90-м теухуа фэеплъ Iуэхугъуэхэр къэралым и къалэ куэдым щокIуэкI.
Москва удз гъэгъахэр щагъэтIылъ Гагариныр щыщIалъхьа щIыпIэм (Кремлым и блыным деж). А Iуэхум зрагъэхьэлIэ космонавтхэмрэ а IэнатIэм епха IэщIагъэлIхэмрэ. Удз гъэгъахэр щагъэтIылъ Байконур космодромми. 
Япэ космонавтым и лъахэ цIыкIум - Смоленск - зэхыхьэшхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ, кхъухьлъатэзехуэ-космонавтхэр, хамэ къэрал гъунэгъухэмрэ жыжьэхэмрэ я лIыкIуэхэр кърагъэблэгъауэ. Смоленск тхыдэ музейм къыщызэIуахащ «Гагарин - дунейм и япэ космонавт» зыфIаща выставкэр. Абы иджы япэу щагъэлъэгъуауэ аращ хьэршыр къэзыгъэIурыщIа цIыхум езым зрихьа хьэпшыпхэм щыщ. Гагарин Юрий и илъэс 90-м и щIыхькIэ, музейхэм зэIэпах марафоныр гъатхэпэм и 9-м (космонавт цIэрыIуэр къыщалъхуа махуэм) щрагъэжьащ Камчаткэм. Ар къэрал псом кIуэцIрыкIынущ икIи Дунейпсо хым и музейуэ Калининград дэтым щызэхуащIыжынущ.
Калугэ КосмонавтикэмкIэ и музейм иригъэкIуэкIащ «Урыс космосым теухуа хъыбархэр» литературэ-макъамэ пшыхьыр. «Авиацэмрэ космонавтикэмрэ» центрым ВДНХ-м гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэригъэпэщынущ. Гагарин Юрий и махуэшхуэр щагъэлъэпIэнущ Дивногорски. Абы космонавт цIэрыIуэр 1963 гъэм и фокIадэм щыIауэ щытащ, Красноярск ГЭС-м и ухуакIуэхэм яIущIэн папщIэ.
…СССР-м и кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь, къэрал зыбжанэм я дамыгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэр зыхуагъэфэща, Урысейми хамэ къэрал куэдми щIыхь зиIэ я цIыху, СССР-м и дзэ-хьэуа IэнатIэм и полковник, япэ класс зиIэ дзэ кхъухьлъатэзехуэ (1963 гъэм хъуащ),СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер (1961 гъэм), ВЛКСМ-м хэта, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и 7-нэ, 8-нэ зэхыхьэгъуэхэм я депутату щыта Гагарин Юрий дуней псом япэу хьэршым лъэтат, ар зэрыса «Восток - I» кхъухьыр Байконур космодромым телъэтыкIат. Дакъикъи 108 нэужьым Гагариныр хъарзынэу къыщетIысэхыжащ Саратов щIыналъэм, Энгельс пэмыжыжьэу. 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12 махуэрат ари, махуэшхуэу ягъэуващ (Космонавтикэм и махуэу). ЗэрытщIэщи, а махуэм Гагариныр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. Хамэ къэрал куэдым я правительствэхэмрэ жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ ирагъэблагъэурэ ар къэрал 30-м нэблагъэм щыIат. 
КъыкIэлъыкIуа илъэсхэм Юрий жыджэру хэтащ жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэм, къиухащ профессор Жуковскэм и цIэр зезыхьэ Дзэ-хьэуа инженер академиер. 1968 гъэм гъатхэпэм и 27-м Гагариныр гъэсакIуэ ахъырзэман Серёгиным и нэIэм щIэту кхъухьлъатэкIэ къалъэтыхьу хэкIуэдащ (Владимир щIыналъэм хыхьэ Киржачскэ районым и Новосёловэ жылэм пэгъунэгъуу). А насыпыншагъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар нобэми яхузэхэгъэкIакъым. 
Гагариным Совет Союз псор хуэщыгъуащ (къэралым и Iэтащхьэу щымыт цIыхум папщIэ япэу щыгъуэ махуэ зыхурагъэкIуэкIар арат). Абы и цIэр фIащат къалэ зыбжанэм (езыр къыщалъхуа Гжатски хэту), уэрамхэм. Апхуэдэуи къэрал зыбжанэм я къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм Юрий фэеплъ щыхуагъэувауэ щытащ. 
Гагарин Юрий къыщалъхуар 1934 гъэм гъатхэпэм и 9-рщ. Дэфтэрхэм зэритымкIэ, РСФСР-м и КъухьэпIэ щIыналъэм хыхьэ Гжатск районым и Клушинэ къуажэм (иджы Смоленск щIыналъэм и Гагарин районырщ). Юрий и адэ Алексей пхъащIэт, и анэ Матвеевэ Аннэ шэм щелэжь фермэм и лэжьакIуэт (Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «Лъэпкъ Зэныбжьэгъугъэ» орденхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ). Абы и адэшхуэ Матвеев Тимофеи цIэрыIуэу щытащ: Путиловск заводым и лэжьакIуэу, революционеру.
Гагаринхэ я унагъуэм къуищрэ зы пхъурэ яIэт. Юрий и ныбжькIэ ещанэт. И сабиигъуэр Клушинэ щихьащ. 1941 гъэм фокIадэм и 1-м щIалэ цIыкIур школым щIэтIысхьат, арщхьэкIэ жэпуэгъуэм и 12-м къуажэр нэмыцэхэм яубыдри, еджэныр зэпыуащ. Унагъуэр зэрыщыту я унэм къыщIахуащ зэрыпхъуакIуэхэм. ЩIымахуэр къимыхьэ щIыкIэ, щIыунэ ящIри хъанцу (дёрн) трапIэжащ, хьэку иращIыхьащ. Гугъуехь куэд я нэгу щIэкIащ зэрыбыным. Нэмыцэхэр дэкIыжыным нэмысыпэу, Юрий и къуэш нэхъыжь Валентинрэ и шыпхъу Зоерэ Германием яхуащ. Юрий и нэгу щIэкIащ сабийхэр Iузыш машинэм анэхэр зэрыкIэлъыжари, ахэр къызэрыIуадзыжари. ИужькIэ Гагариныр зэи тепсэлъыхьыжакъым зауэ илъэсхэм…
1955 гъэм ар Совет армэм къулыкъу щищIэну ираджэри, Ворошиловым и цIэр зезыхьэ дзэ авиацэ еджапIэм а зэманым цIэрыIуэу щыIа кхъухьлъатэзехуэ Акбулатовым и деж зыщигъэсэн щIидзащ. Абдеж щегъэжьауэ, адрейхэм сыт щыгъуи къахэщу, ехъулIэныгъэхэр къигъэлъагъуэу екIуэкIащ. СССР-м и Министрхэм я Советым и къэрал комитетым и конструктор бюро №1-м и конструктор нэхъыщхьэ Королёв Сергей и нэIэм щIэту космосым япэу лъэтэну зыхуагъэфащэ цIыху 20 къыхахат, арщхьэкIэ къалэну къыхуагъэува псом пхыкIар Гагарин Юрийщ. Ар зэрыса кхъухьым зыщиIэт дыдэм жиIа псалъэ закъуэр - «Поехали!» - псалъэ шэрыуэ хъуауэ нобэми цIыхухэм ящыгъупщэркъым.
Космонавт цIэрыIуэр здрагъэблэгъауэ щыта къэралхэм нэхъ гъэщIэгъуэну щилъэгъуахэм ящыщ зы къыхэдгъэщынщ. 1961 гъэм и бадзэуэгъуэм Гагарин Юрий Инджылызым лъэтащ, къэралым и литейщикхэм я профсоюзым иригъэблагъэри. Абы и цIэр къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр - YG I (Юрий Гагарин) - «Rolls-Royce Silver Cloud-II» машинэм абы щыгъуэм кIэралъхьауэ щытащ. Япэу ар Манчестер еблэгъащ, Великобританием и литейщикхэм я профсоюзхэм я штаб-квартирэу абы щыIэм. Абдеж Гагариным ЩIыхь тхылъ къыщыхуагъэфэщащ. Абы щыгъуэм Юрий къратащ Космосым зегъэужьынымкIэ фондым и дыщэ медалри (япэ дыдэу къыдагъэкIар). Къэрал унафэщIхэм - пащтыхь гуащэ Елизэветэ ЕтIуанэмрэ премьер-министр Макмиллан Гарольдрэ - щаIущIэм, хабзэм къемызэгъми, пащтыхь гуащэм ди космонафт цIэрыIуэм и гъусэу сурэт зытригъэгъэхат, «ар цIыху къызэрыгуэкIкъым, уэгум и цIыхущ», жиIэри…
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: