Пащтыхьыкъуэ цIыкIу

Франджы тхакIуэ Антуан де Сент-Экзюпери и «Пащтыхьыкъуэ цIыкIу»-р («Маленький принц») адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар къэбэрдей усакIуэ Къармэ Iэсиятщ. Ар зэман псоми пэджэж тхылъщ. Абы и гупсысэ нэхъыщхьэр - лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ я мыхьэнэр нэсу къызыгурымыIуам гъащIэр къызэрехьэлъэкIырщ. «Нэхъыщхьэ дыдэр нэкIэ къыхуэлъагъунукъым! Набдзэгубдзаплъэр, жыжьаплъэр гум и закъуэщ», - жеIэ Экзюпери. 
Дуней псом щыцIэрыIуэ тхылъым щыщ пычыгъуэ адыгэбзэкIэ фи пащхьэ идолъхьэ.
     Пащтыхьыкъуэ цIыкIум къыIурыщэщу сэ упщIэкIэ сыщIигъанэрт, ауэ езым зыгуэркIэ сеупщIыжмэ, зэхимых хуэдэт. ТIэкIу-тIэкIуурэ, зэрымыщIэкIэ къыжьэдэцIэфт псалъэ пытхъахуэхэр зэпысщэурэ къызгурыIуэрт иджы Iуэхур зыIутыр. Си кхъухьлъатэр и щыпэлъагъути (сщIынкъым кхъухьлъатэ сурэт, фыщыгъуазэщ, сыхуэIэижькъым), къызэупщIащ:
- Сыт мыр зищIысыр?
- «Мыркъым», кхъухьлъатэщ… Сысейщ. Къелъэтыхь мыбы.
ЗызгъэщIагъуэу къыгурызгъэIуащ сызэрылъэтэфыр. Езыми ар фIэтелъыджэу:
- Уарэ!.. НтIэ уафэм укъехуэхауэ ара?
- НтIэ, - укIытэхыу жэуап изот.
- Мис ар гъэщIэгъуэнщ!
Пащтыхьыкъуэ цIыкIур зэрылъэлъу абы зэрыридыхьэшхыр сфIэфI хъуатэкъым. Си щхьэ кърикIуахэр, мэууэ, нэхъ зэпIэзэрыту, мыхьэнэ хэлъу зыхищIэну сыхуейт. Езыми къыщIигъуащ:
- КъызэрыщIэкIымкIэ, уэри уафэм укъещэтэхащ. - Дэтхэнэ вагъуэкъаным укъикIа?
Араи мы цIыкIур езыр къумым къыщIыщыхутам и щхьэусыгъуэр! - жыхуэсIэу зэзгъэзахуэурэ сеупщIащ:
- КъызэрыщIэкIымкIэ, уэ езыр вагъуэкъан гуэрым укъикIащ?
Жэуап къызимыту, си кхъухьлъатэр зэпиплъыхьырт и щхьэр ищIурэ:
- Мы сэ слъагъумкIэ, уэ, дауи, укъикIакъым вагъуэкъан пхыдза гуэр…
Ар жиIэри куууэ хэгупсысащ. Щынэ цIыкIум и сурэту хуэсщIар и жыпым кърихыжауэ зэпиплъыхьырт иджы а и хъугъуэфIыгъуэр.
КъывгурыIуагъэнщ «нэгъуэщI вагъуэкъанхэм» я гугъу щищIым, сэ езыр сыкъызэрыбырсеяр. НэхъыбэIуэ къэсщIэну иужь ситт иджы:
- Уэ езыр дэнэ укъилъэтыкIа, цIыкIу? Уи унэр дэнэкIэ здэщыIэр? Си щынэ цIыкIур здэпхьын уи гугъэ а уи унэр - дэнэкIэ?
ТIэкIурэ щыму гупсысэри:
- НэхъыфIщ пхъуантэ къызэрызэптар, жэщкIэрэ абы щызгъэжеинщ щынэ цIыкIур.
- Шэч къытумыхьэ. Iущ цIыкIуу ущытынумэ, сэ кIапси уэстынщ ар махуэкIэ иреппхыну. Бжэгъу цIыкIуи…
Пащтыхьыкъуэ цIыкIум и нэщхъыр зэхиукIэри:
- Еспхынуи? Ар сытым къыхэкIыу?
- Йумыпхыу щытмэ, зыщIыпIэхэмкIэ хъуакIуэрэ пэт хэбжьэхъуэнщи, пфIэкIуэдынщ.
Си ныбжьэгъу цIыкIур зэрылъэлъу дыхьэшхащ аргуэру:
- Дэнэ кIуэн уи гугъэ мыр?
- МащIэ уи гугъэ ар здэкIуэн! И гъуэгу и занщIэу плъэмэ - кIуэуэрэ…
Пащтыхьыкъуэ цIыкIур къызэплъащ, и фIэщу:
- Ар Iуэхукъым, сэ си псэупIэр езыр Iэслъэс дыдэщ, - жиIэри нэщхъейуэ къыщIигъужащ:
- Уи гъуэгур уи занщIэу укIуэу щытмэ, жыжьэ унихьэсынукъым…
Арыххэу къызгурыIуащ псом нэхъыщхьэр: мыбы и вагъуэкъаныр зы унэ- лъапсэ хуэдиз хъууэ арщ!
Пэжыр жысIэнщи, згъэщIэгъуатэкъым сэ ар. Сыщыгъуазэт вагъуэкъанышхуэхэу ЩIыр, Марс, Юпитер, Венерэ къащынэмыщIа, фIэщыгъэ къудеи зимыIэ вагъуэкъан жьгъейхэр щэ бжыгъэурэ хьэршым зэрыщыкIэрахъуэм. Языныкъуэхэр апхуэдизкIэ цIыкIужьейщи, вагъуэ нэрыплъэкIи къыпхуэлъагъуркъым. Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIым апхуэдэ вагъуэдзакIэ къыщызэIуихым деж, цIэ уней гуэр хуигъэфащэу фIимыщу, бжыгъэкIэ къегъэлъагъуэ а мыхьэнэшхуэ зримытым и щыIэныгъэр. Мыпхуэдэу: вагъуэдзакIэ 325I.
Пащтыхьыкъуэ цIыкIур Б-6I2 жыхуаIа вагъуэдзакIэм къикIауэ хуэзгъэфащэрт иджы. Шэч абыкIэ къыщIэзмыхьын щхьэусыгъуэхэри гъунэжу сиIэт.
Иджыри I909 гъэм вагъуэ нэрыплъэм кIуэрэ пэт къридзат а зи гугъу сщIа Б-6I2-р. Тырку щIэныгъэлIт ар къэзыхутар. Вагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм я дунейпсо зэхуэсым къыщыпсэлъащ а щIэныгъэлIыр. КърихьэлIахэр псори щигъэгъуэзащ къызэIуиха гъэщIэгъуэным. Зыми и фIэщ хъуатэкъым абы жиIар, щIэмыхъуам и щхьэусыгъуэри - а щIэныгъэлIым тырку теплъэ зэриIэр арт. Апхуэдэщ-тIэ балигъхэм я зэхэтыкIэр! Б-6I2 вагъуэдзакIэм и насып джэшыр къикIагъэнти, тырку сулътIаным абы ирихьэлIэу унафэ ищIащ дяпэкIэ, щхьэпылъапIэм ирашэлIэну хуэмеймэ, тыркухэм европей щыгъынкIэ захуэпэну! Ауэрэ кIуащ илъэсхэр. I920 гъэр къэсри, а тырку щIэныгъэлI дыдэр аргуэру къыщыпсэлъащ дунейпсо зэхуэсым. Тригъэчыныхьащ гъэ зыбжанэ и пэкIэ къызэIуихауэ щыта вагъуэдзакIэ мыцIыхум. МызыгъуэгукIэ щIэныгъэлIым зыкърихырт: европей фэилъхьэгъуэхэр екIупсу щыгъти - адрей щIэныгъэлIхэри арэзы техъуащ абы жиIэм.
Балигъхэр мыхъуатэмэ, а Б-6I2 вагъуэдзакIэм и хъыбарыр апхуэдизу сыукъуэдиинуи къыщIэкIынтэкъым. Бжыгъэ нэгъунэ щIэзгъэбелджылыжари ардыдэщ: хуабжьу яфIэфIщ балигъхэм бжыгъэхэр! Абыхэм уи ныбжьэгъущIэм и гугъу яхуэпщIмэ, зэи къыщIэупщIэ хабзэкъым нэхъыщхьэм - зэи къыбжаIэркъым: «и макъыр сыт хуэдэ а уи ныбжьэгъущIэм? Сытым дихьэхрэ ар? Хьэндырабгъуэхэр къиубыдрэ абы?» ЗыщIэупщIэр: «Илъэс дапщэ хъурэ? Къуэш дапщэ иIэ? Чилэ дапщэ къишэчрэ? И адэм дапщэ къилэжьрэ?» АбыхэмкIэ цIыхур зыхуэдэр ягъэбелджылыфауэ къафIощI. Балигъхэм «чырбыш плъыжьым къыхэщIыкIа унэ дэгъуэ слъэгъуащ, щхьэгъубжэнэхэм гъэгъа плъыжь къапхыплъу; унащхьэм тхьэрыкъуэ цIыкIухэр щыджэгуу», - щажепIэкIэ, зи гугъу яхуэпщI унэр я нэгу къахущIэгъэхьэркъым. ЗэражепIэн хуейуэ къезэгъыр: «Франк минищэ зи уасэ унэ слъэгъуащ». - Мис абы щыгъуэ зэпеуэу къыпхуагъэщIагъуэ: «Сыту унэ дахащэ!»
Ещхьыркъабзэу: «Шэчыншэу щыIэщ Пащтыхьыкъуэ цIыкIу - ар хуабжьу, хуабжьу гуакIуэщ, гуфIэнэгущ, щынэ цIыкIу иIэну щIохъуэпс. Дауи, щынэ цIыкIум ущIэхъуэпсын папщIэ, дунейм утетын, псэууэ ущыIэн хуейщ», - яжепIэмэ, я дамэхэр драгъэуейуэрэ, зи акъыл зэрымыубыда сабий цIынэхэм зэраIуплъэм ещхьу, узэпаплъыхьынущ. НэгъуэщIу: «Ар къилъэтыкIащ Б-6I2 жыхуаIэ вагъуэдзакIэм», - щыжыпIэм деж, я фIэщыбзэ хъунущи, упщIэ къемызэгъхэр тегушхуэу къыщIагъунукъым. Апхуэдэщ балигъхэр. Захуэбгъэгуси хъунукъым абыхэм. Сабийхэм къагуроIуэ балигъхэм зэхэщIыкI бэлыхь зэрабгъэдэмылъыр, къащыгурыIуэкIэ - хуагъэгъу, худачых, зыдагъэш.
Дэ сыт… дэ?! КъыдгуроIуэ дэ гъащIэр зищIысыр, - дэ, дауи, тфIэауанщ абыхэм къыздралъэфэкI бжыгъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ! Хуабжьу сыхуеят мы тхыгъэр таурыхъ телъыджэхэм ещхьу сыублэну. Сыхуейт мис мыпхуэдэу:
«ЩыIэщ, псэущ Пащтыхьыкъуэ цIыкIу. Ар здэщыпсэу вагъуэкъаныр езы цIыкIум нэхърэ куэдкIэ нэхъ интэкъым. Ныбжьэгъу хуабжьу хуэныкъуэт ар...» ГъащIэм и пIалъэ зыщIэхэм занщIэу гу лъатэнущ апхуэдэ къэIуэтэжыкIэм нэхъ пэж зэрыщымыIэм.
Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться:

Читать также:

08.10.2024 - 12:33 Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ