Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр

КхъуэIуфIэ (Жэмбэч) Рабия зэманым декIуу къалэмыр зыгъэIэрыхуэ тхакIуэщ, усакIуэщ. Философскэ гупсысэкIэ гъэнщIащ Рабия «Гупсысэ чырэ» зыфIища теплъэгъуэхэри. Ахэр теухуащ гъащIэм, цIыхум и хьэл-щэнхэм, лъагъуныгъэм, насыпым, узыншагъэм, гугъэм, нэгъуэщI гущIагъщIэлъхэм. ТхакIуэм и рассказхэм къахощ ар гъащIэм набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэлъыплъыр, куэд къызэрыгурыIуэр, зэрызэригъэзахуэр. Рассказхэр нэхъыбэу зытеухуари езым илъэгъуа, зыхищIа Iуэхугъуэхэщ. Рабия усэми прозэми зэрахуэIэзэм щыхьэт тохъуэ Хьэх Сэфарбий абы и тхыгъэхэм теухуауэ жиIауэ щыта псалъэхэри: «Мы бзылъхугъэр нэхъ зыхуэIэзэр убзыхугъуейщ. И рассказхэм ущеджэкIэ, шэч къытепхьэркъым зэрыпрозаикым. Ауэ и усэхэр плъагъумэ, моуэ жыбоIэж: Хьэуэ, дауи ирехъуи, мыр усакIуэщ»!

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Къигъэзэжамэ, ипхъуэтэжынт

         Аддэ къурмакъей лъащIэм къыщIэплъэфрэ бэлыхьищэр пыщIауэ къыдэплъэфейуэ упсэлъэн жыхуэпIэр Iуэху къызэрыгуэкIыу къэзылъытэр хуабжьу щоуэ. АтIэ апхуэдиз гъуэгуанэр къызэзынэкIыу бзэгупэм къетлъэфалIэ, абдежи къыщызэтедмыгъэувыIэу дунейм къытедутIыпщхьэ дэтхэнэ псалъэри хэщыпыхьарэ курых защIэу дгъэIу щхьэ мыхъурэ? Хъищэм игъэкIарэ кхъузанищэкIэ ухуэнщIыжауэ а игъащIэкIэ къытхуэмыубыдыжынур тэмэму къыщIэдмыпсэлъыфым и щхьэусыгъуэр сыту пIэрэ? Абы и лъэныкъуэкIэ зэрыжакъуэр, акъыл зэблэплъ зэриIэр, гупсысэ жьгъей зэрыбгъэдэлъыр ищIэжу мы дунейм зы цIыху тезгъуэтамэ, а псор гурызгъэIуэным сытегушхуэнут. Ауэ Iейм IейкIэ упэмыджэжмэ, сытыфэ къыптеуэрэ, жыхуиIэм хуэкIуащ цIыху цIыкIум я гурылъ куэдыр. КуэдыкIейр фIым, дахагъэм, зэхущытыкIэ екIум, нэхъуеиншагъэм, гущIэгъугъэм, лъытэныгъэм, псом ящхьэжырщи, цIыхугъэм щыужащ.

         Моуэ ужьыхауэ, гуитIщхьитIыгъэм и Iэдэм диубыдауэ, фыгъуэ-ижэным иригъэшауэ, IуитIбзитIыным иужьыгуауэ, гужьгъэжьгъкIэ зэIуща щIагъыбзэкIэ псэлъэным иудыныщIауэ щыплъагъукIэ, лъэныкъуэ куэдкIэ урегъэгупсыс я гъащIэм. Узэхъуэпсэнуи зы IэпапIэ къыпхухэмыубыдыкIыурэ уи псэр пелъэсыкI, уи гур щIыIагъэ гуэрым хуеутIыпщ. Къэплъэнэф, жьажьэ, гурымыкъ, Iуплъэгъуей, акъмыкъ, къэрабгъэ, лъагъугъуей щIэхъукI апхуэдэ зыгуэрми къыхукъуэплъа, къежэлIа насыпыр Iэрылъхьэ зэрищIынур хузэхэмыгъэкIыурэ, IуигъэкIуэтыжынущ. Къыщыхъунущ ар езым и закъуэ къыIэрымыхьэн фIыгъуэу, къыфIэщIынущ и гъунэгъуи и жагъуэгъуи я Iыхьэ хэкIыну. А псор зэпишэчыху, зэриудэкIыху, насыпыр къэзыутIыпщари къаутIыпщари къемылIалIэу и гъуэгу теувэжынущ…

         ФэрыщIыгъэм, имансызыгъэм, нэжэсыгъэм и Iумэтым ихуа хъуа гуэрым и гугъу ящIу щызэхэпхкIэ, мыпхуэдэ гупсысэр уигу къыпфIыдримыдзеижын плъэкIыркъым.

         ДыкъэзыгъэщIауэ, псори зэлъэIуу зыми емылъэIужым зыгуэрым зыхуигъэзат зыхуей дыдэмкIэ елъэIумэ, хуищIэну.Мы зыри дыщIигъужат: абы хуищIэр тIукIэ гъэбэгъуауэ и гъунэгъум хуищIэну. Зызыхуагъэзар адэкIи-мыдэкIи емыплъэкIыу, мыр жэуапу къитащ: «ЗанщIэу си нэ лъэныкъуэр хьэфиз щIы», - жиIэри.

         Шэч хэмылъу, гъэунэхупIэ изыгъэувам ита псалъэр игъэпэжащ. Ауэ фIэщщIыгъуейщ Езы дыдэм абы игу щIэмыгъужауэ, ил иримыузыжауэ, зэрелъэIуа къудейм хущIемыгъуэжауэ…

Уэрыншэ дуней

         Созэш, сыщозэш уэрыншэ дунейм. Сесэжкъым, зикI, уи нитIыр зэрызмылъагъужынум къыпкърыкI гугъусыгъум. Уеблэмэ сфIэигъуэщ сытебзэхыкIыжыну уэ ущызимыIэж, ущызмыгъуэтыж дунейм. СфIэгъэщIэгъуэну, сфIэнасыпу, сфIэфIыгъуэу зыри зытемытыж дуней зеиншафэм. И насыпкъэ уэ узыхуэпсэум, дунейм узыхутетым – и кIэныр кIэншэу, и гурыфIыгъуэр щIэншэу, и дуней зэфэзэщу уогъэпсэу ар, шэчыншэу. ЩIэчэ имыIэу, еш умыщIэу уогъафIэ, щIэщыгъуэмрэ фIыгъуэмрэ я курыкупсэм хогъэс. Гупсысэм я нэхъ IэфIыр, къэуатыбэр лъогъэс. УщытеплъэкъукI къэмыхъуу и псэр уохъумэ, и гум къэкI гуапагъэм ухуохъу джэрпэджэж. Зы лъэбакъуэ лейуэ пчамэ, утехьэулеикIауэ къыпфIэщIамэ, слъэгъуам хуэдэу сощIэ, зы бэлыхь къытепсыха уфIэщIу, гумащIагъэкIэ угъэнщIауэ уи фIэщыпсрэ уфIэфIыпсу зыбокъузылIэж. УлIэным хуэдэу фIыщэу уолъагъу. Лъагъуныгъэбзэ гуакIуэкIэ уегъэпсалъэ, дамэ къыптригъакIэм дуней жэнэтыр къызыхыуегъэлъэтыхь, уи гъащIэри уи псэри тыхь хуэпщIын хьэзыру дапщэщи ущигъэтщ. ГурыфIыгъуэ мыкIуэщIыжкIэ уи псэр кудащ. Куэду, куэдыкIейуэ гукъыдэж къыпхелъхьэ.

         Сэ созэш, сыщозэш уэрыншэ дунейм. Сытозашэ си хъуреягъым щекIуэкI псоми. КъызозэвэкI мы щIы хъурейр, къысщохъу сыщылейуэ мы гъащIэм. Псоми яфIэтелъыджэ, яфIэфIэрафIэ, яфIэнэфIэгуфIэ гъащIэ теплъаджэм. Уэ ущыспэIэщIэ дунейри уэрыншэу къыпызбжыкI зэманри сыткIэ лъапIэ?! Iулъхьэ къыпэзгъэкIуэн къэгъэнауэ, телъхьэ хуэсщIыжу хэти естыну сыхьэзырщ апхуэдэ гъащIэр. Ауэ ухуэупсэ хъуну пIэрэ зыгуэрым абыкIэ? ФIэщщIыгъуейщ псэ зыпыт гуэри абы щыгуфIыкIыну. И псэ гуэгъум хуэныкъуэ зэпыту, щIэхъуэпс зэфэзэщу, мы дунеижьыр и щхьэм къыфIаIубами ярейуэ, нэплъэгъуэ зымыгъуэту псэуну зи нэ къыхуикI, дауи, гъуэтыгъуейщ. Гъэвыгъуейщ псэм бдзапцIэу къытещIэ гупсысэ ткIыбжьхэр, шэчыгъуейщ хьэцэпэцэкIэ гъэнщIа пэлъытэу акъылыр зэщIэзыблэ гуныкъуэгъуэхэр, лъытэгъуейщ бжьэ зэуа Iэпкълъэпкъыу гур зыгъэбжьыбжьхэмрэ зыгъэбэгхэмрэ.

         Сэ созэш, сыхуозэш уи теплъэм, уи плъэкIэм, уи псалъэм, уи гуфIэкIэм… уэ пщыщ псоми сахуозэш. Уэрыншэ гъащIэр сэркIэ нэщIщ. Си псыхуэлIэ изых уи макъыр зэхэзымыхыж си тхьэкIумитIыр дэгу пэлъытэщ, гулъытэншэу къэбгъэна си нитIыр хъуащ хьэфиз.

         Созэш, сокIуэщI, согумэщI икIи сесэжкъым… Се-сэж-къым хъуэпсапIи, гугъапIи, теупIи, напIи щызимыIэж, зыкIи сызыхуэмеиж уэрыншэ гъащIэм.

Пэж

         Сытым хуэдэу си гум укъэкIа! Сынаджэ, сынэлъаIуэ пэтми, уи ныбжь къудейм гущIэгъуншэу сыхуогъэныкъуэ. Узэхэсхыну, сыпIущIэну, си дуней гъащIэм укъыхэсшэну си нэ къызэрыпхуикIыр зыхуэдизыр къысхуэмыIуэтэнкIэ сошынэ. Сошынэ, куэду сопIейтей афIэкIа зэи узэрызэхэзмыщIэжыным, уэркIэ сымыIуэтэжыным хуэгъэпса гупсысэхэр си щхьэм къыщиджэразэкIэ. ЗэкIэ ущымщ, удэгу сэрощ. Уэрэ сэрэ дызэпэжыжьэщ, дызэпэжыжьащэщ. Жьыбгъэмрэ жьапщэмрэ ягъэфейцея си гупсысэхэм дыгъэпсу зэгуэр уакъыхущIэкIыжыным хэзмыхыжауэ згъэтIыгъуэ си гугъэ кIапэрщ теплъаджэ сфIэхъу си гъащIэм къару мащIэкIэ къыхуэупсэжыфу, къезыгъэлыжыфу къыхуэнэжар. Нэ жанкIэ мы дунейр къозыгъэплъыхьыфыну щыIэу къысщыхъур зы закъуэщ – уи закъуэщ, уи закъуэпцIийщ. Закъуэныгъэрэ зэш зэфэзэщкIэ укъызэтэурэ си фэр йох, укъысхуэхъукъым зыкIи бампIэдэх. Зи нэм бжэгъу уахуэхъу уи бий къомым я кIэн къикIауэ яуфэбгъуащ мы дунейр, къаплъэнэфымрэ пцIыIуэпцIышафэмрэ я фащэр хуэфIыпсу зыщатIэгъа дуней домбейр. Уи лъапсэр яунэщIыну щIэхъуэпсхэм, уи лъабжьэр щIагъэхукIэрэ уи къуэпсыр ягъэгъуну щIэбэнхэм я мурадым гъуэгу игъуэтынкIэ зы Iэмали иIэкъым. Зэгуэр дуней жьэгум урижьантIэдэсу зэрыщытар, фIэщхъуныгъэмрэ дахагъэмрэ я нуркIэ угуашэу къызэрекIуэкIар ихъуреягъым яIэщIэхужыпэмэ, мис итIанэщ шынагъуэм и лъахэм щхьэхуимыту дыкъыщихутэнур.

         Уэращ, зи нэр щапхыкIыу щIэткIукI-щIэсыкIыр къызыхуагъакIуэу щыхупIэм тIэкIу-тIэкIуххэурэ щхьэдадзых, щхьэдагъэукIуриех уэращ дыгъэм и гъэфIэн закъуэр, мазэм и гур щыз зыщIыжыфыр, уафэм и фэр къизыгъэхьэжыфыр, щIылъэм щызекIуэ псоми я лъэр щIэзыгъэкIыр. Уэ зыращ. ПщIэрэ, тегушхуэгъуафIэ узыщIа уи жагъуэгъу мыфэмыцхэм уазэрытекIуэн, зэрыхэбгъэщIэн къару лъэщ пкъуэлъщ уэ.  ЕбгъэрыкIуэ,

ИщIыкI, тегушхуи зылъыгъэсыж тепщэгъуэр. Къыпхуиухащ уэ уи хьэмтетыгъуэ зэфэзэщу ущызекIуэну мы щIым, ущыпсэуну, уахуэупсэну цIыхупсэм уи ижэгъухэм я нэхейкIэ, я губжьым уепэбжьауэу, я икIагъэм кIэ епту, я щэху пцIышыпсэхэм ураIэщакIуэу, си Пэж.

КХЪУЭIУФЭ (ЖЭМБЭЧ) Рабия.

        

 

Поделиться:

Читать также: