Дэнэ щыпсэу адыгэми и хъыбар зэхихауэ, и гум IэфIу къинауэ къыщIэкIынщ 1998 гъэм ди лъэпкъэгъухэр зауэ зэпэщIэтыныгъэ къыщыхъуа Косовэ кърашыжу Адыгейм къызэрагъэIэпхъуэжауэ щытар. А лъэхъэнэм Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу лэжьа Джа-рым Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и УнафэщIу лэжьа Хубиев Владимир сымэ УФ-м и Президент Ельцин Борис зыхуагъэзат Косовэ щIыналъэм щыпсэу адыгэ-хэр къашэжу адэжь щIыналъэм кърагъэтIысхьэжыну. 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Урысейм и Правительствэм унафэ къищтауэ щытащ Косовэ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэр къэшэжын зэрыхуеймкIэ. Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а Iуэхур къэхъуащ.
Илъэс 30-м нэблэгъащ абы лъандэрэ. 2001 гъэм яухуа Махуэхьэблэ къыщохъу зи адэжь хэкум къару къызыхилъхьэ щIалэгъуалэр, насыпыфIэу щопсэу зэгуэр къэзыгъэзэжа балигъхэр. Жылэм узэрыдэлъадэу и къабзагъкIэ, зэгъэпэщыкIэкIэ адыгэ къуажэу зэрыщытыр нэм къыIуедзэ. Чырбыш плъыжькIэ зэтелъхьа унэ зэщхьхэм иужьрей илъэсхэм ящI иджырей унэхэр къахощ, жылэм дэтщ мэжджытрэ поликлиникэрэ. Мейкъуапэ куэдкIэ зэрыпэмыжыжьэм къыхэкIыу, цIыхухэр гугъу ехьыркъым.
Махуэхьэблэ дэ къыщыдэжьэрт Хэкум къэзыгъэзэжахэр хэсыхьыжынымкIэ республикэ центрым и унафэщI ГъукIэлI Iэсхьэдрэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэсэни (Жьыу) Мухьэмэдрэ.
ГъукIэлI Iэсхьэд зэрыжиIэмкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Косовэ кърашыжа унагъуэ 22-р ахэр къызэрысыжу къызэрагъэпэща, Хэкум къэзыгъэзэжахэр хэсыхьыжынымкIэ республикэ центрым щыпсэуащ. 2001 гъэм къэрал ахъшэкIэ яухуэн щIадзащ къуажэ унэхэр. Поликлиникэр, мэжджытыр цIыхухэм зэхалъхьа мылъкукIэ ящIащ, япэ унищри цIыху щхьэхуэхэщ зыухуар.
- Косовэ къикIыжа адыгэхэм ехьэлIауэ нэмыгъэса Iуэху зыри диIэжкъым. Псы-ри, газри, токри - жылэм псори къокIуалIэ. Косовэ къикIыжахэм нэмыщI, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым къиIэпхъукIыжахэр яхэтщ. НобэкIэ унагъуэ 84-рэ щопсэу Махуэхьэблэ. ЩIыуэ 207-рэ яхуэдгуэшащ, унэу 17 кърагъэжьауэ ящI.
ЦIыхуу дэсыр 700-м щIегъу, Адыгейр зэрыщыту къапщтэмэ, ди лъэпкъэгъуу къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр 2500-рэ мэхъу. Къыхэгъэщыпхъэщ Махуэхьэб- лэ нэмыщI, къэзыгъэзэжахэр нэхъ зэрыIыгъыу дэсу, Краснодар нэхъ пэблагъэу Банэхэси зэрыщыIэр. Абы нэмыщI Мейкъуапи куэду дэсщ ди къуэшхэр, - жеIэ Iэсхьэд.
Мухьэмэд къызэрыхигъэщамкIэ, махуэхьэблэдэсхэр зыхуэныкъуэ щыIэкъым. Жылэр Мейкъуапэ зэригъунэгъум къыхэкIыу, щылэжьэнуи щеджэнуи гугъу ехьыркъым. Къуажэм дэсхэр республикэм и къулыкъущIапIэ, IэнатIэ псоми щыIэхэщ. Уэчылхэр, дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, инженерхэр, архи- текторхэр, программистхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэхэр яIэщ. «Мыхэр апхуэдизкIэ фIыуэ къэралым, хэгъэгум щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжащи, хэт сыт къытхуищIэн жаIэу щыскъым, атIэ щхьэж езым ищIэфынур, зыпэрытыну IэнатIэр къегъуэтыж. Япэм Мейкъуапэ ЦIыхухэм IэнатIэ къахуэгъуэтынымкIэ центрым лэжьыгъэ гуэр къыщыкъуэкIамэ, мы къуажэм дэсхэр япэу хагъадэрт, итIанэт адрейхэм хъыбар щрагъащIэр. Мис апхуэдэ куэдкIэ къадэIэпыкъуащ къэралри цIыхубэри. Комиссэ щхьэхуэ щыIэти, абы зыхуэдгъазэмэ, дызыхуей псори пхагъэкIырт, Министрхэм я кабинетым щыщ дэтхэнэми тыншу дыхуэзэфырт», - къыддогуашэ Мухьэмэд.
- Къуажэр апхуэдизкIэ зыхуей хуэзэу мэпсэури, нобэ мыбы къыдэтIысхьэну хуейхэр чэзууэ зэхэтщ, - жеIэ Iэсхьэд. - Ауэ дэ къэзыгъэзэжахэм фIэкIа апхуэдэ хуитыныгъэ зыми еттыркъым. Мыбы дэсхэр тутыни аркъэи ефэркъым, хабзэм тетщ, диныр зэрахьэ, зэгурыIуэу-зэдэIуэжу зэдопсэу. ЦIыкIухэри щызэшыркъым къуажэ кIуэцIым. Футбол губгъуэр ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий яхуригъэщIащ, сабий джэгупIэхэр Щэумэн Хьэзрэт къахузэIуихащ, баскетбол джэгупIэр Нарожный Владимир иригъэщIыну дыкъигъэгугъащ. Сабийуэ къуажэм 70 хуэдиз къыщIохъуэ. Зэман дэкIмэ, сабий гъэсапIэхэри, курыт еджапIэхэри тщIынущ, шэч хэмылъу, ахэр проектым итщ, уеблэмэ, парки дащIыхьынущ, гъуэгущIэхэр яухуэнущ, къуажэм зрагъэужьынущ. Дэсхэм псоми машинэ я пщIантIэ дэтщи, къалэм кIуэну къатехьэлъэркъым.
Унагъуэ дахэу, унэлъапсэкIэ зэгъэпэщауэ Махуэхьэблэ дэсхэм ящыщщ ГъутIэхэ (Абай) Имэррэ Мэулидэрэ. ТIууэ зэтет унэ зэлъыIухам драгъэблэгъащ ди лъэпкъэгъухэм икIи я къекIуэкIыкIам дыщагъэгъуэзащ. Ахэр япэ дыдэу Косовэ къикIыжахэм ящыщщ. Бысым гуащэм и шыгъупIастэр Iэнэм къытригъэувэху Имэр къытхуеIуатэ хэкужьым къыщихьэжам къазэрыпежьар, республикэ тхьэмадэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн куэд къазэрыхуищIар, нобэми республикэ унафэщIхэм гулъытэншэ зэрамыщIыр, уеблэмэ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат щыблэжкIэ, къыдыхьэу зэрызиплъыхьыр, дэсхэм къазэрыщIэупщIэр.
Имэррэ Мэулидэрэ пщащищрэ зы щIалэрэ яIэщ, пщащэхэр унагъуэ хъуауэ Тыркум щопсэу, щIалэр езыхэм ябгъэдэсщ. Мэулидэ и хадэм укъуэлIыкIынукъым, ар соткэ 16 мэхъу, помидор, шыбжий, къэб, нэгъуэщI хадэхэкIхэр итщ. Езыхэр нэжэгужэу, фIы ягу илъу псэу унагъуэщ.
- 1998 гъэм япэ дыдэу къэкIуэжа унагъуэхэм дащыщщ дэри. Абы ипэкIэ щэ хуэдизрэ сыкъэкIуат сэ. Ауэ 90 гъэхэрати, пэжыр жысIэнщи, сигу ирихьатэкъым, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ще-кIуэкI лъэхъэнэрат ар. Ауэ гум зэи ихуакъым адэжь хэкур, къэкIуэжыным епха гуращэр. Иджы мис дытхъэжу дыдэсщ, адыгэ фIэкIа зыдэмыс къуажэм ущыпсэуныр насыпышхуэщ. Налшыки Черкесски зыбжанэрэ сыщыIащ, нэхъапэм къэбэрдей, беслъэней диалектхэр къызгурыIуэу щытатэкъыми, иджы мис Замири Мадини фи псэлъэкIэр фIы дыдэу зэхызощIыкI, - жеIэ Имэр.
- Уи адэжь хэкумрэ ущыпсэумрэ зэи пхузэгъэпщэнукъым, - жеIэ Мэулидэ. - Сыкъыщалъхуар Югославиерами, зэи си хэкуу къэслъытакъым, абы сыкъыщыхъуауэ аращ жызоIэ, си адэжь щIыналъэр мыращ. Мыбы псори щынэхъ дахэщ, щынэхъ гурыхьщ.
Зыхуей зыгъуэту псэу унагъуэм зы хъуэпсапIэ яIэщ, абыкIэ къыддэгуэшащ анэр - я щIалэ Хьэрис къишауэ ялъагъунырщ. Iэсхьэд зэрыжиIэмкIэ, нэхъ лъэпкъыпсэ, хэкупсэ, адыгэ хабзэм тет щIалэ бгъуэтынкъым. Ар лэжьыгъэ IуэхукIэ Тыркум щыкIуам деж, къэкIуэжыну къэпIащIэу апхуэдэщи, тIэкIуи дэгушыIэу ауан ящI. Хьэрис илъэси 7-м иту къэIэпхъуэжащ Адыгейм, иджы илъэс 30-м щIигъуащи, ар зэрихъуэжын щIыналъэ дунейм теткъым.
Махуэхьэблэ хуэдэ къуажэ Урысей Федерацэм иткъым - хамэ къэрал къикIыжахэм фIэкIа дэмысу. Иджыпсту ухуэныгъэхэр, лэжьыгъэхэр щокIуэкI. ЦIыхухэм щIы кIапэ хухаха нэужь, унэ ухуэныр ирагъажьэри, я гур хэхъуэу лъапсэр зыхуей хуагъазэ. «Косово», «Урысей», «Мамырыгъэ» - жылэм и уэрамхэр зэлъыIухарэ гъуэгуфIхэр телъу апхуэдэщ. Удыхьа къудеймэ, псэр щотынш Махуэхьэблэ, абы ущыпсэуным и лъапIагъыр зыхэзыщIэр жылэм дэсхэрщ.