КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар
ДжэгуакIуэхэр щIыхьэщ сымаджэр зыщIэлъми жаIащ: – Утлъагъуну дыкъэкIуащ. Абы адэкIэ, дунейм лIыгъэ уиIэу утетащ, куэд уи нэгу щIэкIащ. Уигу щIэныкъуэIамэ, узыхуейIамэ, жодгъэIэну аращ дыкъыщIэкIуари къыджыIэ, – жари. – «ЕщIэнокъуэ Атэбий» жезгъэIащ. ЗылI илъагъуни слъэгъуащ, зылI ищIэни сщIащ, лей къызищIауэ зыхуэзгъэгъуаи дунейм къытенэркъым, ауэ сщIа, си нэгу щIэкIа Iуэхугъуэ гуэр щыIэщ сымыIуэтауэ, «СIуатэмэ, щхьэщытхъущ къысхужаIэжынщ» жысIэурэ си кIуэцIым изгъэфыхьауэ», – жиIащ. – Ар къыджыIэ, хьэдрыхэ здумыхь, – щыжаIэм, къажриIащ, а и шынэхъыщIэр зэраукIар, ар зыукIар къызэригъуэта щIыкIэр, ар зэриукIыжа щIыкIэр. Ахэр псори нэсу къиIуэтащ. ДжэгуакIуэхэм абы жиIэжар псори гъыбзэу пшыналъэм иралъхьащ. АбыкIэ зэхыхьэхэм я нэгу зрагъэужь хъуащ. Ауэрэ екIуэкIыурэ, а джэгуакIуэхэр зы къуажэм икIмэ нэгъуэщI къуажэм кIуэхэурэ, хэку псом зэлъащIысащ а гъыбзэр. А щIыкIэм тетурэ КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр – зэрыхъуар ямыщIэу кIуэдар – зыщыпсэуа хэкум нэсащ а гъыбзэр, пшынэуэкIэр. Къэбэрдейм икIа джэгуакIуэхэм я гъыбзэм мы псалъэхэр хэлът: – Хуарэ псыгъуэ ныбэ нэщIым Жэщ мазэхэм уродыгъуэ, Жэщ мазагъуэм укърокIуэж, КъуийцIыкIуокъуэр щIэбгъафэщ, Афэ джанэр къыщыпхщ, КIэс дахэр къэпхьри укъэкIуэжщ, ЕщIэнокъуэ Атэбий! – жиIэу. Ар зэхахащ КъуийцIыкIуокъуэхэ. ЩIэупщIэу хуежьэхэри, къагъуэтащ, къащIащ ар зыукIар ЕщIэнокъуэхэу зэрыщытыр. Ар Iуэху ящIри, КъуийцIыкIуокъуэ зэшитI я пашэу, шу гуп ин къэкIуащ Къэбэрдейм. ЩIэупщIэурэ къагъуэтащ ЕщIэнокъуэхэ зыдэс жылэр. Атэбий лIати, ягъуэтыжакъым, ауэ и къуитIыр лIы хъуауэ хэкум щыцIэрыIуэу щытт а зэманым. КъэкIуахэм дзыхь ящIакъым ЕщIэнокъуэ зэшитIым ятеуэн. ЩIэупщIэу хуежьащ гъэпцIагъэкIэ яхудэзышын. Сыт ямыщIами, ягъуэтыртэкъым яхудэзышын. ЕщIэнокъуэхэ быдзышэкIэ япIауэ зыгуэр щыIэти, ар къыдахьэхри къагъэдэIуащ. ХьэщIэхэм яхэту ЕщIэнокъуэхэ я къаныр къуажэбгъум къекIуалIэри, ЕщIэнокъуэхэ я бжэныхъуэр яригъэцIыхури яжриIащ: - Мис мыр абы я бжэныхъуэщ, ефхьэжьи, зэшхэр къыдэпхъэрыкIынщи, итIанэ фызэрыфIэфIщ. А унафэм тету бжэныхъуэр ирахьэжьащ. Пхъэр къуажэм къэкIуэжащ. ЕщIэнокъуэ Темыркъан шы илъэщIу бгъэдэту щызэхихым, псынщIэу уанэ трилъхьэри, щIэлъэдащ хьэщIэщым, Уэзырмэс и деж. Темыркъан псынщIэ бзаджэт, тэмакъкIэщIт. Уэзырмэс сабыру, цIыху хуэм-хуэму, тэмакъкIыхьу, гушхуэ кIуэцIылъу щытт. «Ди бжэныхъуэр яхь, щIэхыу, Уэзырмэс», - жиIэу хьэщIэщым щыщIэлъадэм, Уэзырмэс нэмэзлыкъым тесу унэкум ист. Уанэ зэщIилъхьэри жиIащ: - УмыпIащIэ, Темыркъан, ахэр ди бжэныхъуэракъым зыхуейр, дэращ, уэлэхьэ, выгукIэ укIуэми, уащIыхьэнум абыхэм, – жиIащ. АрщхьэкIэ, Темыркъан хуабжьу зихъунщIэрт: - Уэ уи Iуэхур фыз яшэнум хуэдэщ, дунейр мэкъутэж жаIами, зыбгъэхъеинукъым. Темыркъан хутемыубыдэу зы шы гуэр зридзри дэжащ. ЩIагъуэ имыкIуу ящIыхьэу хуежьащ. Абы я гъусэт Талъостэнхэ ящыщ. зыгуэр, абыхэм тхьэ яхуиIуауэ, «Сэри фэ фхуэдэ зылIу сыувынщ», – жиIэри. А Талъостэн и къуэрат быдзышэкIэ ЕщIэнокъуэхэ япIар. Абыи емыплъу, Темыркъан къезауэу щIидзащ. Езым къытримыгъахуэу и шыр щIиукIыкIащ. Пхъэрым ящыщ зэращIыхьэу и шым шэсри, аргуэрыр къыщIиукIыкIащ. Аргуэру нэгъуэщI зы къыщIыхьэри, абы ишри къригъэукIащ. Абы хэту Уэзырмэс ящIыхьащ. - Ей, гъуамэ, умыпIащIэ, абы уащIыхьэнущ, жысIатэкъэ, Къэбэрдейм шыхъужь къребгъэнакъым, - жиIэри шхыдащ. Уэзырмэс щыщIыхьэм, Талъостэн и къуэр IукIуэтри, КъуийцIыкIуокъуэр къыпэуващ. ЕщIэнокъуэм дэтхэнэ лъэныкъуэмкIи фоч игъэуэфырт. Абы къыхэкIыу шуукIэмыщIэ зищIри, сэмэгумкIэ дидзых хуэдэу ищIри, и бийр игъэбэлэрыгъащ. Абы гугъэ ищIащ - ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ фоч имыгъэуэфыну, «ТIэкIу гъунэгъу къэхъумэ сеуэнщ», - жиIэри къыпэплъэурэ, Уэзырмэс и фочыр уэри, КъуийцIыкIуокъуэр иукIащ. Къигъэзэжри, Талъостэн и къуэр ауэ щытти, щыбгъэдыхьэм, и пыIэр зыщхьэрихри къэуващ: - Сыщыуащ, къысхуэгъэгъу, - жиIэри. - Талъостэн и къуэ, быдзышэр лъыуэ кхъуафэм дауэ ипкIэн? Сытми, имыукIыу къигъэнащ. Бжэныхъуэри къихьыжри къэкIуэжащ. Мис а щIыкIэм тету ЕщIэнокъуэхэ ялъ ящIэжауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2025 - 13:59 →
Печоринымрэ Азэмэтрэ
16.07.2025 - 18:39 →
Есэнокъуэ зэшищыр
11.07.2025 - 16:00 →
Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ
11.07.2025 - 13:55 →
И тхыгъэхэм Iущагъ хэлъщ
09.07.2025 - 18:21 →
Тэнащхэ я лIэужь
|