Лъэпкъ Iуэхур дагъэкIыу мэлажьэ

Иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XV Конгрессыр. Зэхуэсышхуэм хэтхэм захуигъэзащ  Урысей Федерацэм и Президентым Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм Лъэпкъ политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Вагинэ Татьянэ. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуаха зэхуэс иным и гуапэу къызэрырихьэлIар икIи УФ-м и Президент Путин Владимир ДАХ-м и Конгрессым хэтхэм Зэрызахуигъазэм къеджащ.

«БлэкIа илъэсхэм мы зэгухьэныгъэр Iулыдж лъагэ зиIэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр зыхъумэ, лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр зыгъэбыдэ IуэхущIапIэ лъэщ хъуащ. Абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэм къызэщIеубыдэ унафэщIхэри, Урысейм и хэгъэгухэмрэ хамэ къэралхэмрэ ис адыгэхэри, щIэныгъэлIхэри, гъуазджэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм епха IэнатIэхэм пэрытхэри. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ абыкIэ Конгрессым фыщызэхуэсурэ фызэрыщыпсалъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.  Абы хэтхэр Iуэхум фIы кърикIуэным хущIэкъуу, анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъумэнымкIэ, щIалэгъуалэр гъэсэнымкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу я къуэшхэм зыпащIэнымкIэ купщIэ зиIэ проектхэр гъащIэм хапщэу мэлажьэ. Си фIэщ мэхъу иджырей XV Конгрессри ехъулIэныгъэхэр къыпэкIуэу зэревгъэкIуэкIынур, абы хэтхэм къыхалъхьа гупсысэхэмрэ еплъыкIэхэмрэ къыфпэщылъ къалэнхэр ипэкIэ гъэкIуэтэнымкIэ сэбэп зэрыхъунур», – щыжеIэ Путин Владимир и Зэрызахуигъазэм.

Хамэ къэрал къикIа ди къуэшхэмрэ зэхуэсым хэтхэмрэ фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи иужьрей илъэсхэм ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр жиIащ.

  • Псом япэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ УФ-м и Президент Путин Владимир, ДАХ-м и Конгрессым хэтхэм зэрызакъыхуигъэзам, ди республикэм къыхуищI гулъытэм щхьэкIэ. 1991 гъэ лъандэрэ ДАХ-м лъэпкъ Iуэху дигъэкIын папщIэ зэкъуигъэуващ щIэныгъэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, жылагъуэ Iуэхум емызэшыжу хэтхэр, унафэщIхэр, - жиIащ КIуэкIуэм. - Абыхэм псоми зы гуращэщ яIэр - адыгэ лъэпкъым и Iуэху дэгъэкIынырщ. Нобэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм Iэмал псори иIэщ и цIэр игъэпэжу лэжьэн папщIэ.  Адыгэхэм, Урысейм исхэми хамэ къэралхэм щыпсэухэми, я лъэпкъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ, дунейпсо цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэу щыткIэрэ, ДАХ-м шэрджэсхэм я тхыдэр, псэкупсэ, щэнхабзэ щIэинхэр, анэдэлъхубзэр хъумэным, хамэ къэралхэм щикъухьа ди къуэшхэр хэкужьым къепхыжыным ехьэлIауэ куэд елэжь.  

Уасэ хуэщIыгъуейщ абы Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ адыгэ щыпсэу къэралхэм ядэлэжьэнымкIэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Iуэху куэд къызыпэкIуэ а лъэныкъуэхэм я фIыгъэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Iулыджыр лъагэ хъуащ. Абы хэт дэтхэнэ зыми фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ дуней псом адыгэу тетыр зэгъэуIуным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди къэрал псом хуэдэу, лъэпкъыбэу зэхэсщ, ди къару нэхъыщхьэри арауэ жыпIэ хъунущ. Дэ дяпэкIэ дыхуэсакъынущ икIи едгъэфIэкIуэнущ ди зэгурыIуэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр, мамырыгъэр, зэкъуэшыныгъэр.  ​ Псом нэхърэ нэхъ лъапIэ а зэгурыIуэныгъэр хъумэнымкIэ ди къуэшхэри сэбэп къытхуэхъуну къызолъытэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ идот дэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ лъэпкъым зиужьынырщ, ефIэкIуэнырщ псоми ди хъуэпсапIэр. ДяпэкIи сыт хуэдэ Iуэху, гупсысэ, жэрдэм къыхэфлъхьэми, вдэтIыгъынущ, лъэпкъым сэбэп хуэхъуну тщIэмэ.

Адыгэ дунейр ар ди адэжьхэм къащIэнауэ ди къэкIуэну щIэблэм къахуэнэну хъугъуэфIыгъуэщ. Абы къызэщIеубыдэ адэжь хэкум зымащIэкIэ епхахэри, зи анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэхэри, тхыдэм, щэнхабзэм хэзыщIыкIхэри. Дэ нобэ дызэкъуэту дапэщIэтын хуейщ зэманым къытхуигъэув гугъуехьхэм, ди хабзэр, псэкупсэ къулеягъыр хъумэжыным яужь дитыпхъэщ. Абыхэм апхуэдэ гугъуехь, лъэпощхьэпо куэд къызэпачри, ди деж къэсащ, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтезыгъэнари ахэращ.

Лъэпкъ куэду зэхэс ди къэралырщ, абы и Конституцэрщ а диIэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ сэбэп къытхуэхъур. Бзэр, щэнхабзэр, псэукIэр хъумэн зэрыхуейр ди къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэм итхауэ итщ. Дэ дропагэ ди къэралым, республикэм щыщ лIы хахуэхэм, адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм.

Къэрал куэдым санкцэхэр къыщытхуагъэува мы зэманым ди Хэкум и гупэр хуигъэзащ КъуэкIыпIэ къэралхэмрэ Ипщэ лъэныкъуэмрэ. Абы Iэмал хъарзынэхэр къыдитынущ адыгэхэр куэду зэрыс къэралхэм дадэлэжьэнымкIэ, абыкIэ сэбэп хъуну къызолъытэ Дунейпсо Адыгэ Хасэри. Псоми ди къару зэхэтлъхьэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэри адыгэхэри нэхъ лъэщ, я къэкIуэнур нэхъыфI тхуэщIынущ, – жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Муратрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ Конгрессым хэтхэм зэрызыхуагъазэм къеджащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хэхэсхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэррэ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат Щынахъуэ Кърымрэ.

Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэтий, Иорданием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэлащтэ Ибрэхьим,  Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан, Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан сымэ къызэхуэсахэм я пащхьэ убгъуауэ кърахьащ я щIыналъэхэм щекIуэкI лэжьыгъэмрэ ДАХ-м щызэфIагъэкI къалэнхэмрэ. Апхуэдэу ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым  хэт Табыщ Мурат и гугъу ищIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.

- ДАХ-р къыщыунэхуа махуэм щегъэжьауэ зи гугъу тщIы Iуэхур щызэпыу щымыIэу ирегъэкIуэкI. Апхуэдэу блэкIа илъэсищым адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ къалэн зыбжанэ зэфIэдгъэкIащ. Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу «Адыгэ Iуэрытхыр» тэмэму къызэгъэпэщауэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хэт къэралхэм. Иужьрейуэ а Iуэхум хэтахэм я бжыгъэр цIыху мини 10-м щхьэдэхащ.

Илъэсих хъуащ зи хэку зэзыгъэгъуэтыжыну хуейхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунымкIэ къэрал программэр КъБР-м зэрыщылажьэрэ. Абы ипкъ иткIэ, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ егъэджыныр къызыдогъэпщ. Илъэсих хъуауэ екIуэкI курсхэм псори зэхэту адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ цIыху щих-щих къыхыхьащ.

Къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр зэрадж тхылъхэм щIэгъэхуэбжьауэ йолэжь иужьрей илъэсхэм. Апхуэдэу адыгэ  литературэбзэр I - II-нэ классхэм зэрыщрагъэджын тхылъхэр, нэрылъагъу, дэIэпыкъуэгъу икIи методикэ Iэмалхэр ягъэхьэзыращ. НэхъапэкIэ къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ зэдэлажьэри, тхылъ хъарзынэхэр зэрагъэпэщащ, ахэр къэрал гъэунэхуныгъэхэм пхыкIащ, – жиIащ Табыщ Мурат.

2012 гъэ лъандэрэ ДАХ-м и тхьэмадэу лажьэ   Сэхъурокъуэ Хьэутий и лэжьыгъэм арэзы къызэрищIыр, адыгэм ифI зыхэлъ Iуэху куэд Урысей Федерацэми хамэ къэралхэми зэрыщыдигъэкIыр Конгрессым къилъытэри, ар иджыри зы пIалъэкIэ хахыжащ. Хьэутий и жэрдэмкIэ къыхилъхьэри, къызэхуэсахэм даIыгъащ абы и япэ къуэдзэу - Бырсекъуэ Орфан, къуэдзэхэу Лъэпщыкъуэ Онер (Тырку), Вэрокъуэ Зэтий (Германие), ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (Адыгей Республикэ), Аслъэн Алий (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ), Щоджэн Iэминат (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ), КIэкIыхъу Мэжид (Краснодар край) хахыну. Апхуэдэуи дэтхэнэ Хасэми къыбгъэдэкIыу ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым щылэжьэнухэр IэIэткIэ хахащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

Поделиться: