НыбжьыщIэхэр Iуэхум щагъэгъуазэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и коллекционерхэр щэбэт кIуам яIущIащ «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» зэгухьэныгъэм хэтхэм. Абыхэм ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзащ зи къежьапIэм, щыIэкIэм удихьэх хьэпшып гуэр зэхуэхьэсын Iуэхур зыхуэдэм, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, ирагъэлъэгъуащ тхылъымпIэ, гъущIыкIэ ахъшэхэр, бгъэхэIухэр, апхуэдэуи щIалэгъуалэм зэрызыкъыхуагъэза упщIэ псоми жэуап иратащ. КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэр 2017 гъэм щегъэжьауэ хабзэм тету щIыналъэм щолажьэ. Ар жыджэру республикэм и жылагъуэ гъащIэм хэтщ, абы и тхыдэм хуэфэщэн гулъытэ хуещI, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр къызэрегъэпэщ. Зэгухьэныгъэр зэрыщыIэ пIалъэм къриубыдэу абы хэтхэм къыдагъэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм хуэгъэпса бгъэхэIу зэмылIэужьыгъуэ куэд, иджыпсту ягъэхьэзыр Налшык илъэс 300 зэрырикъум теухуар. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и пощтым и гъусэу утыку кърахьащ СССР-м и ЛIыхъужьхэм, республикэ газетхэм, апхуэдэуи усакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, цIыху щэджащэ куэдым ятеухуа пощт карточкэхэмрэ конвертхэмрэ. Республикэм и коллекционерхэр щэбэт къэс сыхьэти 10-м щегъэжьауэ сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 30 хъуху Налшык къалэм дэт ТворчествэмкIэ уардэунэм и япэ къатым и пэIущIэ пэшым щызэхохьэ икIи Iуэхум дихьэх дэтхэнэри абдеж къыщызэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэм ирагъэблагъэ. Клубым хэтхэм лэжьыгъэм и пIалъэм фыхагъэгъуэзэнущ, Iуэхум теухуа чэнджэщхэри къыватынущ. Къущхьэ Нэзар.
Поделиться:
Читать также:
19.06.2025 - 16:51 →
Iулыдж лъагэ зиIэ
19.06.2025 - 15:49 →
НОБЭ
19.06.2025 - 13:46 →
Гъуазэ яхуохъу
19.06.2025 - 12:26 →
ЛIыхъужьхэм я щапхъэр
18.06.2025 - 14:18 →
Я зэфIэкIхэмкIэ къыдахьэх
|