Адыгэ IэщIагъэжьым хуэIэрыхуэ

Адыгэр къулейщ цIыху IэпщIэлъапщIэхэмкIэ. ФэдгъэцIыхуну дыхуейщ Хьэбэз жылэм щыщ Адышэс Азэмэт. Абы Хьэбэз курыт еджапIэм биологиемкIэ щрегъаджэ. Езым къиухар Адыгэ къэрал университетым биологиемкIэ и факультетращ. ЩIалэ акъылыфIэм, зэчиифIэм, дерс нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу, щIэблэр лэжьыгъэм щыхуагъасэ, робототехникэ, шахмат, авиамоделирование хуэдэ дерсхэр ирегъэкIуэкI. Егъэджэныгъэ зэманым къыщыдэхуэм, Азэмэт гъущIым, фэм, пхъэм йолэжь, адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ, пщIантIэм, унэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэм хуэIэзэу ахэр ещI. Ауэ езым нэхъ игу дыхьэу, цIыхухэри нэхъ къыщIэупщIэу нобэ и цIэр зыгъэIуар адыгэ сэжьейхэр щIынырщ. 

- Нэхъ жыжьэж уIэбэмэ, лъэтеувэ щысхуащIам хьэлыуэ Iэнэм къытесхар уадэщ. УпщIэ псоми я жэуапыр абы хэлъу къысщохъу. Уадэ къыхэсхати, IэпщIэлъапщIэ сыхъуауэ аракъым. АтIэ IэщIагъэр схэлъу сыкъалъхуати, ар нэрылъагъу ищIу уадэ къыхэсхауэ аращ. Мыр цIыхухэм къагурыIуэну сыхуейт. Дауэ ахэр зэрегупсысыр?  Лъэтеувэм сабийм къыхих хьэпшыпым елъытауэ IэщIагъэ хуэхъунур къащIэу я гугъэщ. Хьэуэ. НыбжьыщIэр зыгуэрым къыхуигъэщIащи, ар къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэр къищтэу аращ. Сыту щхьэпагъ ин пылъынут,  мы Iуэхур курыт еджапIэхэм къыщалъытэу щытамэ. Псалъэм папщIэ, школакIуэм и лъэтеувэм къыхихам теухуауэ, IэщIагъэлIхэр къыдэлажьэурэ и зэчийм зрагъэужьу щытамэ. Мис итIанэ дэтхэнэми гъащIэм щиIэ увыпIэр тыншу щызыIэригъэхьэфынут, лъэ быдэкIэ тетынут, къыхихам теухуауи IэщIагъэлI телъыджэ хъунут.  

Сэ сыкъапщтэмэ, зэрысщIэжрэ Iэмэпсымэ гуэрхэр сIыгъ зэпытщ. АбыкIэ си адэм ещхь сыхъужауи жыпIэ хъунущ. Ар апхуэдабзэт, машинэ ищIыжми, дыщэм, дыжьыным къыхиIущIыкIIами, и Iэр зэи увыIэртэкъым. Ар Iуэху иIэу дэкIа нэужь, и IункIыбзэмкIэ лъэщапIэр Iусхырти, зыгуэрхэм селэжьу, сэр-сэру зызгъэсэжу сыщIэтт. Абы нэмыщI, ансамбль зэхишауэ, цIыкIухэр игъасэрт си адэм. Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Iэзагъ бгъэдэлъащ, - къыддогуашэ Азэмэт.

АдэфIым къыщIэхъуа къуэфIщ ди бысымыр. И унэ лъапсэ зэгъэпэщам хэлъ куэбжэм деж къыщыщIэдзауэ, дахэу дэплъагъуэ псори езым и IэкIэ ищIыжащ, уеблэмэ, хьэщIэщ пэлъытэу иIэ пэшышхуэм фIэлъ люстрэри, сыхьэтри, гъущIым, пхъэм къыхищIыкIри, зыми ямыIэ унэлъащIэу зэригъэпэщащ.

Iэщэ-фащэкIэ къулей лъэпкъым, сэшхуэ, къамэ, джатэ хуэдэхэр зи куэд адыгэм «сэжьейкIэ» зэджэ сэ цIыкIури Iэщэ пэлъытэу зэрихьэрт. Ауэ абы увыпIэ щхьэхуэ щиубыдырт ди лъэпкъым и щыIэныгъэм. Адыгэм къамэр пщIантIэм, пщэфIапIэм къыщигъэсэбэпыртэкъым, ауэ былым яукIынуми, Iэнэм къытралъхьэ ерыскъыр яупщIэтэнуми, яIыгъыр сэ цIыкIурат. Сэжьейр иIыгът зекIуэ ежьа адыгэлIым. Ар псынщIэт, тыншт, Iэрыхуэт.

Адыгэ сэжьейм езым и теплъэ, и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ. Ахэр зыджа, езым хуэдэ IэщIагъэлIхэм я деж щызэзыгъэщIа Азэмэт нэрылъагъуу къыбгурегъаIуэ адыгэсэр къызэрыпцIыхунур икIи жеIэ ар абхъазхэм, абазэхэм ейм зэрещхьыр, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм я сэкI къэгъэшам къызэрыщхьэщыкIыр.

- Адыгэ сэжьейр псынщIэщ, сэкIри сэ тхьэмпэри захуэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къэбгъэсэбэпыну тыншщ. Арагъэнщ ар илъэс миным щIигъуауэ ди лъэпкъми щIызэрахьэр, - жеIэ Азэмэт. - КъэбэрдеймкIэ къыщыщIаха хьэдэмыфым (мумия) и гъусэу Iэмэпсымэ гуэрхэр къыщIэкIащ щIым. Мис абыхэм яхэлът зи гугъу тщIы сэжьейр, сэм и кIыр щауэ, сэ тхьэмпэр псэууэ, фэми зыри къыщымыщIауэ.

Абы и ныбжьыр къахутэну иужь щихьэм, илъэс 700 хъууэ къигъэлъэгъуащ къызэрапщытэ Iэмэпсымэм, уеблэмэ а Iэмэпсымэр нэхъ жыжьэ «плъэфу» щытамэ, нэхъыбэж къигъэлъэгъуэнри зыхуэIуа щыIэтэкъым.

Сэм ирихьэлIэну пкъыгъуэхэр хыв бжьакъуэм, былымыфэм, бзиихум, мэл бжьакъуэм, мамонтым и дзэм къыхех Азэмэт. Ахэр Москва, Якутие, Псыхуабэ, езы Хьэбэз щызыIэрегъэхьэ, Америкэм нэс кърашауэ ди къэралым щащэхэри яхэтщ. Сэ екIум къыдэкIуэу, ар зэрылъ сампIэми йогугъу щIалэр. Бзиихум къыхэщIыкIа сампIэм былымыфэр требзэжри, тхыпхъэщIыпхъэхэр трещIыхь, фIэдзапIэ цIыкIуи хуещIыж, и дамыгъэр тредзэжри, зейм хурегъэхьыж. Азэмэт и ныбжьэгъухэм, и IэдакъэщIэкIыр къэзыцIыхуахэм ящыщу зыкъыхуэзыгъазэхэм яхуищIу аращ адыгэ сэ цIыкIур – сэжьейкIэ зэджэр.  «Иджыпсту, ди гуапэ зэрыхъущи, шыр, хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, адыгэ жыг хадэхэр, Iэщэ-фащэр щIыныр, зехьэныр къагъэщIэрэщIэж. Сэ схуэдэу елэжьхэм, зэфIэкI нэхъыбэж зиIэхэм нэмыщIи, адыгэм нэхъапэм зэрихьа хьэпшыпхэр яIэну хуейуэ, фащэ щатIэгъэну яфIэфIу къытхэтхэм гур хагъахъуэ. Сэжьейр япэ дыдэ зыхуэсщIахэм ящыщщ  Туаршы Алий Юрэ и къуэр. Зыкъысхуэзыгъазэхэм я цIэ-унэцIэм и къегъэжьапIэр, е я лъэпкъ дамыгъэр сэ тхьэмпэм тетыныр яфIэфIщ, сэ абы сыхэIэбэркъым, ауэ сампIэм сэ зэрысщIар къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэ тызощIыхь. ДяпэкIэ сыхуейт  зэкъуэш республикищым мыбы елэжьу исхэр дызэхыхьэу сэжьейм и патент къыдэтхыну. Адыгэсэм и теплъэр, и щIыкIэр, и щхьэхуэныгъэхэр дуней псом къыщацIыхуу, нэгъуэщIхэм яхэмыгъуащэу щытын щхьэкIэ.

Iэнащхьэм телъщ шабзэ екIу, шабзэшэхэр, фэм къыхэщIыкIа шабзалъэ зэгъэпэщар. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Азэмэтщ. Шабзэшэхэм япылъхэр 8 - 9 лIэщIыгъуэхэм яIыгъауэ щIым къыщIахыжахэщ. Адыгэ хьэпшып телъыджэр щищIым щIалэм къыдэIэпыкъуащ школакIуэхэр. Адышэсым и Iэзагъыр къыдэкIуэтей щIэблэм зэрабгъэдилъхьэм уасэ иIэкъым. Абы курыт еджапIэм щигъасэхэм нэмыщI, езым и лъэщапIэм къакIуэурэ  адыгэ IэщIагъэжьым хуэIэрыхуэ защI къуажэдэс цIыкIухэм.

Азэмэт и мурадщ дяпэкIэ программэ зэхилъхьэу, ныбжьыщIэхэм гупищу зэщхьэщыхауэ ядэлэжьэну. «Къапщтэмэ, си хъуэпсапIэщ Адыгэ пщIантIэ сиIэну, кIыщ хэту, гъэлъэгъуапIэ, еджапIэ пэш хэту, хьэщIэщ, пщэфIапIэ, шэщ, жыг хадэ хуэдэхэр щIыгъуу. Ар си щхьэ закъуэкIэ, дауи, схуэщIынукъым. А мурадыр зыхуэсIуэтауэ дэри зыгуэркIэ щIэгъэкъуэн дыхъуарэт жызыIахэм щхьэкIэ, карточкэ зэзгъэпэщащ», - къыхегъэщ Адышэсым.

НобэкIэ Азэмэт езым и хьэщIэщышхуэм сабийхэм щадолажьэ.

- Псом нэхърэ нэхъыщхьэу адыгэм и тхыдэм, щыIэкIэ-псэукIэм, хабзэм теухуауэ тхылъ щыIэн, а тхылъым еджэн хуейщ щIалэгъуалэр, армыхъумэ, интернетым ит хъыбарыпцIхэмрэ нэгъуэщI лъэпкъхэм къагупсысхэмрэ щIэблэр щIэппIыкI хъунукъым. ИтIанэ фэм, гъущIым, пхъэм елэжьыфу щытыпхъэщ. Ди сабийхэм хуэдэ щыIэкъым. Ебгъэлъагъу къудеймэ, япэ увыпIэ къахьу ящIыжынущ. Афэ джанэ цIыкIухэм я гъусэу сщIащ сэ. Хьэпшып гуэр щыпщIым деж абы и тхыдэр, и мыхьэнэр, и сэбэпынагъыр яжыбоIэ, апхуэдэурэ лъэпкъым къыдекIуэкIа щхьэхуэныгъэхэми уахутопсэлъыхь. ГъущI чыданэ зэрышыхьа псыгъуабзэу мин 20 - 25-рэ мэхъу афэ джанэр, быдэщ, ауэ псынщIэщ, килограмми 3 - 4 и хьэлъагъыу аращ. Нэхъапэм былымыщхьэу 50-250-рэ щIату щытащ абы, япхуэдизу ягъэлъапIэрти. 

Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къэслъытэр, бзэращ.  Бзэр лэжьэн хуейщ, бзэр яIурымылъмэ, я Iэми зыри ищIынукъым. Ди Хьэбэз  школым сабий 700 щIэсщи, псоми зыгуэрым зыхуагъасэ. Хэт шыкIэпшынэ ещI, хэт йоуэ… Абы уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Иджыпсту щIалэгъуалэр интернетым дехьэх, абы хъыбар мышыууэ кърахым щхьэр егъэутхъуэ. Адыгэм ятеухуауэ сыт нэхъыбэу илъыр? Къафэрэ джэгурэщ. Нэхъапэм адыгэр губгъуэм лажьэу итащ, ищIэнрэ ишхынрэ игъуэту псэуащ. Ди адэжьхэм я IэпщIэлъапщIагъэр тIэкIу IэщIыб тщIауэ, дыкъофэ, доджэгури дызэхэтщ.

Си лъэпкъ жыгыр зэзгъэпэщыжурэ сыздэлажьэм, Франджым щыпсэу Адышэсхэр къэзгъуэтыжащ. ЩIалэм сыт фщIэхэр жысIэу сыщыхутеуэм, «сэ машинэ сощIыж, си щхьэгъусэр мадэ», - къызжиIат. Дэнэ къыщалъхуами, щыпсэуми, лъым хэтыр зэи кIуэдынукъым. Абы гугъэфIхэр къызет сэ», - къызэщIекъуэж Азэмэт и гупсысэхэр. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться: