ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ

ЦIыху зэхэтыкIэм лъэныкъуэкIэ укъыхэзыгъаплъэ гушыIэ дахэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ ЛIыгъур Чэрим. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми уи хъуреягъым къыщыхъуа Iуэхугъуэ гуэр уи нэгу къыщIагъэхьэжу апхуэдэщ. Нобэ абыхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.

Дапщэщ мафIэгур къыщысыр? 

- Алло! Хэт ар?
- Хэт ухуей?
- Милицэра ар?
- НтIэ. 
- Нэпсалъэр начальникым и къуэдзэ…
- КIэщIу жыIэ, ныбжьэгъу, узыхуейр! – жеIэ Емынэжь къэпсалъэм и макъыр (я курсэгъуу щыта Хьэмзэт ейт) занщIэу къицIыхуауэ. – СынодаIуэр! 
- Москва къикI мафIэгур сыхьэт дапщэрэ къыщысыр?
- Сыхьэтиблым.
- ЕпщIанэ вагоныр-щэ?
- Сыхьэтиблрэ дакъикъипщIым… Хьа-хьа-хьа!...
«А былымым епщIанэ вагоныр щхьэхуэу къызэрымыкIуэнур къыгурымыIуэу ара?» - жаIэу Емынэжьрэ абы и гъусэ Дэлхьэтрэ унащхьэр къагъачэу зэрыдыхьэшхар къэпсалъэм зэхихакъым. Тхьэм ирещIи, зэрызыхимыхари нэхъыфIщ: укIытэнт…

Иджы сыт къэхъужар?

Я Iыхьлы гуэрым я хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну иригъажьэурэ, анэм и къуэ Угъурлыжь еущийр:
- Чэф зыпщIыу уи напэр зытумыхыж, си щIалэ. Благъэхэри умыгъэукIытэ.
- Сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр, ди анэ?
- ТIэкIу ухэфурэ, стэчаныр гъэувыж, и кIэм нэс йумыкъуртIыкIыу.
- Дауэ?! – къэуIэбжьащ Угъурлыжь, кърат чэнджэщыр къабыл имыщIыу. – Хьэнтхъупс исфыми, борщ сефэми, е ерыскъы гуэрхэр сшхыми, щIэмычэу жыпIэу щытащ: «Уи насыпыр къыумынэу, пшхыр и кIэм нэгъэс! ЖыпIэу… Иджы сыт къэхъужар?..»

Демократ хъуащ

Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iут къалэ гуэрым мазэ псокIэ зыщигъэпсэхуауэ, Дэлхьэт къызэрыкIуэжам и хъыбар зэрызэхахыу, я ныбжьэгъур ялъагъун папщIэ, Емынэжьрэ Угъурлыжьрэ зэкIэрыуэжу къежьащ: «Хуей-хуэмейми, Дэлхьэт зы бжьэ дыфIефэнщ, абы и щхьэгъусэ Зухраи хъыршын хуабэ едгъэгъэжьэнщ», - жаIэри.
Я унэм къэсу, ахэр пщIантIэм щыдыхьам Дэлхьэт мыбы дэтт, и шыд пэхужьымрэ езымрэ зэрызекъуэу.
- Сэлам алейкум!
- Къохъусыж, Дэлхьэт!
- Сау бол, уэлахьи! – Дауэрэ зыбгъэпсэхуа? Сыт пщIа? Сыт плъэгъуа икIи зэхэпха? Дауи уагъэшха?
- Уэлэхьи, псори дэгъуэтэмэ, ауэ мы шыд бзаджэнаджэжьым нобэ псори сщигъэгъупщэжащ… Слушай, сыкъызэрыта зэманым къриубыдэу мыр демократ хъуащ.
- Уэхьэхьэхь!
- Уэ-хьа-хьа!
- Фымыдыхьэшх: уэлэхьи хъуамэ, уэгъуи чыхуи къыгурымыIуэжу. Нэмыси акъыли иIэжкъым, зиунагъуэрэ! Абы нышэдибэ зэрызищIар фэзгъэлъэгъуащэрэт. Уэлэхьи, зы цирк ухуэмейт дэ тIум фыкъыдэплъыну фIэкIа. Къэзубыдыну сыхуожьэри (мазэ псом зэтрихьа куэншыбыр шыдыгукIэ хадэм иришэн мурадыр иIэт), и дзэ гъуэжьыжьхэр къысхуитIыу щIопхъуэжыр, ауан сыкъищI нэхъей. СытетIысхьэным Iуэхур хуокIуэри… дэнэт уздытригъэтIысхьэр? Къызэтхауэу щIедзэр, и лъакъуэ фIеижьхэр къиупцIыу. Ерагъ-псэрагъкIэ къэзубыду, шыдыгум къесшэлIа щхьэкIи, уэгъуи-чыхуи къыгурыIуэрэ? Сыт сымыщIэми, шыдыгу зэхуакум схудыхьэркъым. СыкIэщIэрыIуэурэ фIалъэ лъакъуитIыр дызогъэувэри, кIэбдз лъакъуэхэр къысфIыдехыжыр. КIэбдз лъакъуитIыр къарукIэ дызодзэри, фIалъэхэр къысфIыдехыжыр.
Апхуэдэу зыкъомрэ дызэрызекъуа, дызэрызелъэфа нэужь: «Уэ ушыдмэ, сэ сы-Дэлхьэтщ!» - жысIэри…уэху Алыхь! Ар бубэрэжьынумэ, къеблагъэ! Уэлэхьи, мы жыгей бжэгъужьу флъагъур тескъутыхьыху, субэрэжьамэ, цIыз жиIэу! Сыщысхьакъым, сфIэгуэныхьи хъуакъым: Тхьэм къысхуигъэгъу!
Удын есхам иужькIэ, мыр зыкIэ Iэсэлъасэ хъужащи, жысIэкIэ фи фIэщ хъункъым. СытетIысхьати, уэлэхьи, зы мащIэкIи зимыгъэхъея. Шыдыгум къесшэлIащи, фолъагъур жыIэдаIуэу шыдыгукъум зэрыдэувэр…
- Аращ-тIэ, Дэлхьэт: цIыхум хуэдэ къабзэу, хьеуанри щхьэрыутIыпщ пщIы хъунукъым, - жеIэр Угъурлыжь, и ныбжьэгъум иджыпсту къиIуэтэжахэм дерс къыхихыу. – Контроль щыIэн хуейщ. ШхуэмылакIэр бгъэлалэ хъунукъым!
- Исключительнэу правильнэ, уэлэхьи! Уэ дауэ уеплърэ, Емынэжь?
- Сэри?... Сэ шыд сиIэкъым. Хьа-хьа-хьа!

Поделиться: