Тхылъыр чэнджэщэгъущ

ЦIыхубзыр лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыщехъулIэм, тхылъым ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэм, нэгъуэщI гупсысэхэмкIи къыддогуашэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Къэббалъкътхылъ» ООО-м и унафэщI Джатэжь Розэ.

- Розэ, икъукIэ ехъулIэныгъэ куэд лэжьыгъэ IэнатIэм ущиIэщ, «Меценат столетия» щIыхьыцIэр къыпхуагъэфэщащ, дунейпсо зэпеуэ куэдым ухэтащ, «2006 гъэм и цIыхубз», «2014 гъэм и цIыху» ухъуащ, «Бизнес - слова», «За честь и достоинство», «За доблестный труд» орденхэр къуатащ. Апхуэдиз къохъулIэным сыт хуэдэ щэху хэлъ, сыт къару къозытыр? Хьэмэ «натIэм къритхам срокIуэ» жызыIэхэм уащыщ?
- Куэд елъытащ Iуэхур къызэрыбдаIыгъым, уи лэжьыгъэр ар зыхуэпщIэм я фIэщ зэрыхъум.
Лэжьыгъэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр есхьэкIащ, зэи сыщхьэхауэ сщIэркъым, аращ ипэкIэ сызыгъэкIуэтари. Арыншауэ хъунукъым. Адэ-анэм дызэрагъэсар иужькIэ нэгъуэщI зыгуэр теIэзэщIыхьыжын хуей мыхъуу, Iуэхур нэгъэсауэ зэфIэдгъэкIыущ. Абыхэм даущиирт лей лъэпкъ зэдмылъэфэлIэну, хамэ Iуэху дыхэмыхьэну, диIэр дымыкъузу абыкIэ цIыхум защIэдгъэкъуэфу дыпсэуну. 
СыцIыкIуу си адэм сеупщIауэ щытащ: «Папэ, си натIэм сыт къратхар?» - жысIэри. Абы жэуапу къызитыжат мыр: «Уэ уи натIэм къратхар - уи IэмыщIэм къихъуэмкIэ цIыхум уадэгуэшэфу уи гуащIэкIэ улэжьэжынырщ». 
- УзиунафэщI IуэхущIапIэм и гугъу къытхуэщIыт.
- 1982 гъэм тхылъым теухуа лэжьыгъэ къэIэтыныр си пщэрылъу партым сигъэкIуат Потребительскэ союзым. А IэнатIэм илъэсищкIэ сыIутауэ, «Къэббалъкътхылъ» IуэхущIапIэм и унафэщI сащIащ. Мы зэманым центрым и теплъэри едгъэфIэкIуащ, и къалэн нэхъыщхьэхэм къыдэкIуэу, зи ныбжь хэкIуэтахэм, унагъуэ хуэмыщIахэм щыщхэм защIэдгъакъуэу Iуэхугъуэ куэд къыщызыдогъэпэщ. Нэхъапэхэм тхылъ зэмылIэужьыгъуэ куэд, щIэнгъуазэ хъуми, зауэм теухуа тхылъу щытми, къыдэдгъэкIыу, ахэр зэбгредгъэхыу щытащ. Иджыпстуи дыпыщIащ республикэм и библиотекэхэми тхылъ тедзапIэ псоми. Сэ сыхэтщ Урысейм тхылъ къыдэзыгъэкIхэм, зэбгрезыгъэххэм я союзхэм, Урысей тхылъ зэгухьэныгъэм. Иужьрейм тхылъым ехьэлIауэ Iуэху зыщIэ псори дыщызэхуозэ. 
- Тхылъым и мыхьэнэр зыхэплъагъуэр. Интернетымрэ электроннэ тхылъхэмрэ абы и гущIыIу къэкIуауэ къыпщыхъуркъэ?
- Зэ мащIэу ираудыха хуэдэу хъуа щхьэкIэ, нэхъ иужьхэм зыкъиIэтыжащ тхылъым и мыхьэнэм. Сыту жыпIэмэ, цIыхум къыгурыIуащ, и Iуэхур Интернетым нэхъ псынщIэу зэфIигъэкIми, зыщигъэпсэхум и деж тхылъ IэщIэлъмэ, и псэм нэхъ зэрызигъэпсэхур. ИтIанэ, Интернетым узыхуей псор иралъхьэркъым, электроннэ тхылъхэми и нэхъыбапIэм тхыгъэхэр гъэкIэщIауэ урохьэлIэ. Ахэр къэтхутэри, щхьэхуэу ди IуэхущIапIэм абы дыщытепсэлъыхьыжауэ щытащ. 
Дэтхэнэ зы тхылъми мыхьэнэ иIэщ икIи зы къалэн гуэр ехьыр. Нэхъыщхьэр - абы еджэм ар къыхигъуэтэнырщ. 
- Бзылъхугъэ унафэщIым и унагъуэмрэ и лэжьыгъэмрэ зэдихьыныр къытехьэлъэркъэ?
- ЦIыхуми, псэущхьэми, къэкIыгъэми, къуалэбзу нэгъуни зы пщэрылъ гуэр яIэу дунейм къытохьэ. ЦIыхубзыр IэнатIэ Iут щхьэкIэ, абы унагъуэ Iуэхум теухуауэ и къалэныр зыкIи нэхъ мащIэ хъуркъым. «Сэ сынэхъыщхьэщи, унэ Iуэху сщIэнукъым», жиIэу - етIысэхыну зы цIыхубз хуиту сэ къэслъытэркъым. Адыгэ унагъуэм хабзэ щилъыр абы цIыхухъум, нэхъыжьым пщIэ щыхуащIырщ. НэгъуэщIу жысIэмэ, унагъуэ унафэр зыIэщIэлъын хуейр цIыхухъурщ. Аращ нэхъ пэжыр. Сэ сыщыунафэщIыр лэжьапIэращ, унагъуэр - унагъуэщ. Абы зэгурыIуэ илъын хуейщ, зым и Iуэхур адрейм диIыгъыфу. 
- ГъащIэ насыпыфIэ хъужыр сыт, уэ узэреплъымкIэ?
- Насыпкъэ ди дунейр мамырмэ, длэжьынрэ дызэрыпсэунрэ дгъуэтмэ?! Насыпщ цIыхур щIэгуфIэн Iуэху пхуэщIэмэ, зи шхын зимыIэм зыгуэр хуэпшиифмэ, зыхузэфIэмыкIым зыщIэбгъэкъуэфмэ. «МащIэрэ IэфIу», - жеIэ адыгэм. Лъэпкъыр зы унагъуэм хуэдэу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу дызэдэпсэун хуейщ. ЦIыхум и гур ебудыхыну гугъукъым, зэрымыщIэкIэ апхуэдэ къыпщыщIынкIи хъунщ. Ауэ и зэманым уи щыуагъэр къыбгурыIуэжрэ абы и гукъыдэжыр къэпIэтыжыфмэ, ар лIыгъэщ. 
Бзылъхугъэ цIыкIухэм сеущиенут я бынунагъуэм хабзэрэ нэмысрэ хэзылъхьэф унэгуащэ хъуным хущIэкъуну, лэжьыгъэмрэ IэщIагъэмри, зыми емылъытауэ, зрагъэхъулIэну. Псори зыдэпхьыфын хуейщ, аращ нобэрей гъащIэм къытхуигъэувыр.
- Розэ, дынохъуэхъу нобэ хуэдэу ужыджэру, уузыншэу уи лэжьыгъэ IэнатIэм иджыри илъэс куэдкIэ упэрытыну, гуфIэгъуэ ущымыщIэну.
 

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: