Лъэхъэнэ жыжьэу блэкIахэм къыщекIуэкIахэр, щыпсэуахэм щагъэхъахэр зэфIэзыгъэувэж, ди нэгу къыщIэзыгъэхьэж IэщIагъэ-щIэныгъэщ археологиер. Ар тхыдэ щIэныгъэм и гуэдзэнщ. Зэреджэр алыджыбзэм къытехъукIащ, archaios - пасэрей, logos – егупсысыкIэ, зыгурыгъэIуэкIэ мыхьэнэхэр къызэрыкI псалъитIу зэхэтщ.
Тхыдэр джыным, зэхуэхьэсыжыным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр къыхэзыгъэщу «археологие» псалъэр япэу къэзыгъэсэбэпауэ щытар Пасэрей Алыджым и философ цIэрыIуэ Платонщ. Абы къызэринэкIа и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ар къызэрыщыкIуэр «блэкIам теухуа Iуэтэжхэр, щыхьэтлыкъхэр» егупсысыкIэм хуэкIуэущ.
Зэман жыжьэхэми щыIащ
Телъыджэр аращи, ди лъэхъэнэм ипэ ита VI лIэщIыгъуэм ВавилоныщIэ зыхужаIэ къэралыгъуэм и пащтыхь Набонид абы ипэкIэ псэуахэм я кхъэхалъэжьхэр здэщыт щIыпIэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щаригъэгъэкIуэкIырт, къыщагъуэтхэр зэрыфIэгъэщIэгъуэныщэм къыхэкIыу.
БлэкIа мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIи, Урысейм и пащтыхьу щыта Петр Езанэм унафэ ищIат езыр зи тепщэ къэралым и щIыналъэм зэман блэкIахэм и щIэину къыщагъуэт хьэпшыпыжьхэр и уардэунэм кърахьэлIэн зэрыхуейм ехьэлIауэ, и къыхуеджэныгъэр зыгъэзащIэ дэтхэнэми тыгъэ лъапIэхэмкIи егуэпылIэу къиублат.
ЗэрыжаIэжымкIэ...
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Янин Валентин зэрыжиIэжымкIэ, Хэку зауэшхуэр иджыри къэмыхъеяуэ, Новгород къалэм и Iэхэлъахэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIырт. Зэгуэр археолог ныбжьыщIэхэм я зыр, сэмэркъо щIыкIэу, щIэупщIат жаIэ, зыпэрыт IэнатIэр гъэлъэпIэным теухуауэ махуэ хэха алъандэрэ щIамыIэм ехьэлIауэ. Ар зэхэзыха нэхъыжьхэм ящыщ зым, псори зэрызэхэту зыкъызэкъуипхъуэтри, «нобэ хъунукъэ?» жиIат…
Совет археолог цIэрыIуэ Пассек Татьянэ тхыдэм и лъэхъэнэ жыжьэхэу неолитыр, энеолитыр, домбеякъыр зи тепщэу щыта лIэщIыгъуэхэр Европэм и Ипщэ-КъуэкIыпIэмкIэ (иджырей Урысейм ипщэкIэ щиIэ и щIыналъэхэм) зэрыщекIуэкIар джынымкIэ IэщIагъэлI нэсу дуней псом къыщызэдалъытат. 1947 - 1968 гъэхэм абы иригъэкIуэкIат щIэныгъэрылажьэ зекIуэ зыбжанэ. ЗэраIуэтэжымкIи, къыдэлажьэхэм Пассек Татьянэ апхуэдизу пщIэ хуащIырти, къыхалъхьат ар къыщалъхуа шыщхьэуIум и 15-р Археологием и махуэу гъэувын зэрыхуейм ехьэлIауэ.
МафIэбгыр 79-нэ гъэм
Куэдыр щыгъуазэщ дыщыпсэу лъэхъэнэм (ди эрэм) ипэ ита 79-нэ гъэм Италие хытIыгуныкъуэр ижькIэрэ «зи унапIэ» Везувий мафIэбгым (иджырей Неаполь къалэм пэгъунэгъущ) ямылейуэ зыкъызэкъуихыу, къызыпхигъэва магмэмрэ къызыхипхъа сахуэмрэ а зэманым абы и Iэхэлъахэм щыIа Помпеи къалэжь цIыкIур зэрыщIихъумэпауэ щытам. А Iуэхугъуэр лъапсэрых дыдэт абы пэгъунэгъуу бгъэдэса адрей жылэхэм я дежкIи.
КъызэрекIуэкIам дытепсэлъыхьыжынщи, а гъэм шыщхьэуIум и 24-м и пщэдджыжьыпэм цIыхухэм зэуэ гу лъатащ Везувий бгым Iуву щхьэщыгъуэлъхьа пшэ гуэрэн фIыцIэм. АфIэкIа хэмылъу, Iэгъуэблагъэр зэуэ кIыфIыбзэ къэхъуащ, уафэри, дыгъэр къыпхымыпсыжыфу, шынагъуэу зэщIэгъуэгъуащ. Щхьэнтэ хуэдэ гуэрхэр я щхьэм трамыпIауэ, цIыхухэр уэрамхэм къыдыхьэжыфыртэкъым, мафIэбгым къызыхиутIыпщыкI яжьэ пщтырымрэ уафэм дрипхъей мывэ зэщIэплъахэмрэ зыщахъумэн папщIэ.
Везувий зи гугъу тщIы лъэхъэнэ жыжьэм ипэкIи мызэ-мытIэу къибыргъукIауэ щытащ. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэри а щIыпIэм щыпсэуа лъэпкъхэм къызэранэкIа IуэрыIуатэри. Ауэ тхыдэм нэхъ къыхэнар а бгым шынагъуэ дыдэу зыкъыщызэкъуиха 79-нэ илъэсырщ. А гъэм псырэ пшахъуэ-мывэу къикъуэлъыкIа фIыцIагъэ абрагъуэр, зи пщтырагъыр градус 700-м нэблагъэр, Помпеи, Геркуланум, Стабии къалэхэмрэ абыхэм къедза къуажэ цIыкIу зыбжанэмрэ ящхьэщыгъуэлъхьащ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мин 16-м щIигъу хэкIуэдащ.
Помпеи къалэр здэщыта щIыпIэм деж 1748 гъэм щрагъэкIуэкIа щIытI лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, зи гугъу тщIы жылэжьыр, къэхъукъащIэ шынагъуэр абы зэрырихьэлIам хуэдэ къабзэу, къыщIагъэщыжауэ щытащ.
Метр бжыгъэ и Iувагъыу зэтрипхъауэ щыта яжьэр зэбгратхъужа иужь, археологхэм къагъуэтащ къалэдэсхэм ящыщу 40-м я хьэдэхэр. Абы къищынэмыщIауэ, зэрыщыта дыдэм хуэдэу къыщIагъэщыжащ а лъэхъэнэ жыжьэм Помпеи къалэм иIа уэрамхэмрэ абыхэм тета унэхэмрэ. Зэуэзэпсэу къатепсыха псэзэпылъхьэпIэм цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ хуэмыхьэзыру къызэрыщIэкIар къэхутакIуэхэм я нэгу къыщIэуващ.
ЩIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мафIэбгым гуэрэн фIыцIэу къызыхилыпщIыкIа гъуэзым километр 31-кIэ уафэгум зыщиIэтат, апхуэдизкIэ ар къарууфIэу икIи гуащIащэу къыщIэкIати. Яжьэрэ мывэу, Iугъуэрэ пшахъуэу зэхэткIухьа хьэжкурийр еруущэт, зэхилыпщIэмрэ зэхигъэткIухьымрэ гъуни нэзи зимыIэжым хуэдэу.
А лъэхъэнэ жыжьэм мафIэбгыр къызэрикъуэлъыкIар зи нэгу щIэкIа, Урым къэралыгъуэжьым и политикэ лэжьакIуэ икIи тхакIуэ Плиний НэхъыщIэр а къэхъукъащIэр зыхуэдар мыпхуэдэу къритхэкIыжауэ щытащ: «Пшэ фIыцIэжь абрагъуэр псынщIащэу къыджьэхэкIуатэрт. Абы къыхэбзэщхъукI мафIэ бзийхэр уафэхъуэпскIым хуэбгъэдэнкIэри хэлът, ауэ куэдкIэ нэхъ гуащIащэт икIи шынагъуэт…».
Везувий иужьрей дыдэу «къыщылъэпIэстхъар» 1944 гъэращ. Абы лъандэрэ бгыжьым зегъэзэпIэзэрыт, «мамырыфэ зытрегъауэ». АрщхьэкIэ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дэтхэнэ зы мафIэбгми зыкъыдимыгъащIэу зэман нэхъыбэ дигъэкIыху куэдкIэ нэхъ Iейщ - абдежращ абы къару нэхъыбэ дыдэ щызэхуихьэсыр. НэгъуэщIу жытIэмэ, Везувий илъэс минитI ипэкIэ къибыргъукIауэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ гуащIэжу зыкъызэкъуихыныр зыми хуэIуакъым. Апхуэдэ къэхъу хъужыкъуэмэ, ар а Iуащхьэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэухэм я дежкIэ шынагъуагъэ ин дыдэ къэзышэ Iуэхугъуэу къыщIэкIынкIэри хэлъщ.
АтIэми, дызэрыт лъэхъэнэм щыхьэт дызытехъуэр аращи, Помпеи музей пэлъытэ хъуащи, абы цIыхур щопэкIу. Ар ящыщщ, ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм къызэрилъытауэ, дуней псом пщIэ нэхъ зыщыхуэщIыпхъэ, тхыдэм и щIэин нэхъ лъапIэ дыдэхэм.