КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу Си лъахэгъу лъапIэхэ!

Сынывохъуэхъу ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ!
Мы махуэшхуэм иджыри зэ дигу къегъэкIыж хэку тхыдэм и напэкIуэцI зэмыщхьхэр, зэман зэхуэмыдэхэм къэхъу лIакъуэхэм я зэпыщIэныгъэм, хэкупсагъэмрэ зэкъуэувэныгъэмрэ я мыхьэнэр зэрыиным, Хэкум ухуэпэжын зэрыхуейм, абы и къэкIуэнум ехьэлIауэ дэтхэнэми ди пщэм къыдэхуэ жэуаплыныгъэхэм щыхьэт тохъуэ.
Хэкум и цIыхур гу къабзэ, псэ къабзэу зэрыхущытыр, абы къыщхьэщыжыну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр лъабжьэ хуохъу къэралым и щхьэхуитыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ.
Нобэ Урысейр гугъуехь щыхэт лъэхъэнэм апхуэдэ лъапIэныгъэхэр ди цIыхубэм зэраIэпэгъум нэхъ лъэщ дещI, зэманым къытхуигъэув лъэпощхьэпохэм дазэрыпэлъэщ къару мэхъу, Хэкум зиужьын, ефIакIуэн папщIэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр зэдгъэхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэщ.
Си фIэщ мэхъу, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэмрэ абы лъабжьэ хуэхъу Iуэхугъуэхэмрэ тегъэщIапIэ тщIымэ, хэкупсагъэр ди гъуазэмэ, тхыдэм къыхэщыж лIыхъужьыгъэхэр ди щапхъэмэ, гугъуехь псоми дазэрыпэлъэщынур, Урысейм къэкIуэн дахэрэ шынагъуэншагъэрэ къызэрыхузэдгъэпэщыфынур.
Псоми узыншагъэ быдэ, гуапагъэ, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу!

Поделиться: