Ущиерэ щапхъэу

    

«Пэжагъэмрэ гуапагъэмрэ дунеишхуэм тепщэ щрехъу» и фIэщыгъэу Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэ № 3-м иджыблагъэ зэхыхьэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ а школым и унафэщI Къарэмырзэ Хьэсэн, абы щезыгъаджэ Къэжэр Ланэрэ Къэрэшей Хьэлимэтрэ.

ЗэIущIэр теухуат зи сабиигъуэр зауэм хиубыда ди нэхъыжьыфIхэм я нэгу щIэкIа гугъуехьымрэ хьэзабымрэ зыхуэдам ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ щIыным, къэхъу щIэблэр фIым хуэущииным.

А зэхыхьэм хэтащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Шэджэм щIыналъэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Уэрыш Мушэриф, абы и къуэдзэ Нэзрэн Раисэ, УФ-м и Компартым и район къудамэм и япэ секретарь Мэкъуауэ Анетэ, щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Чыл Анзор, школым щылажьэхэр, ныбжьыщIэхэр, абыхэм я адэ-анэхэр, нэгъуэщIхэри.  

Кърагъэблэгъа нэхъыжьхэр, я ныбжьыр фIыуэ хэкIуэтами, лъэрытетт, нэжэгужэт, гуапагъэр я нэгум къищу.  

Тхьэгъэпсо Бориси ящыщщ куэд зи нэгу щIэкIа нэхъыжьыфIхэм.

- ЩIэблэр фынасыпыфIэу, гуфIэгъуэр фи нэгум къищу, фыкъызыхэкIа фи лъэпкъыр вгъэпэжу, Хэкур фIыуэ флъагъуу, цIыхугъэ фхэлъу, фи къуэпсыр фщIэжу, зыгуэркIэ щхьэпэ фымыхъуфмэ, зэрани фымыхъуу, дунейр мамыру, гуапагъэмрэ пэжагъэмрэ фи Iэпэгъуу, фIыгъуэм фыщымыщIэу гъащIэ дахэ къэвгъэщIэну, дэ ди нэгу щIэкIа гугъуехьыр пщIыхьэпIэуи фымылъагъуу фыпсэуну сыфхуохъуахъуэ, - жиIащ абы, зэIущIэм щIэса ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм.

Апхуэдэу, нэхъыжьыфIхэр, зырызыххэу, я нэгу щIэкIахэм тепсэлъыхьыжрэ пэшым щIэс щIалэгъуалэм псалъэ дахэкIэ зыхуагъэзэу, екIуэкIащ а зэхыхьэр. ХьэщIэхэр къагъэпсэлъа нэужь, дэтхэнэми «Зауэм и бынхэр» псалъэхэр зытет медалхэр иратащ.

 Мэкъуауэ Анетэ псалъэ щратым, пэшым щIэсхэм захуигъэзащ.

- Ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм, гугъуехьрэ бэлыхьу фтелъар зэи тщыгъупщэ мыхъунщ. ЩIалэгъуалэм зыфхузогъазэ: «Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым», - жыхуиIэращ. Нобэ мыбдежым дызытепсэлъыхьыр къывгурыIуэу, флъагъумрэ зэхэфхымрэ дерс къыхэфхыу, фи блэкIар зыхуэдэр фщIэжу фыкъекIуэкIмэ, къэкIуэн дахи фиIэнущ. Хабзэмрэ нэмысымрэ фи Iэпэгъуу, нэхъыжьхэм пщIэ хуэфщIу, фи нэр здэплъэм фи лъэр щыуву, дунейр мамыру, узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ фыщымыщIэу, гъащIэ дахэ къэзыгъэщIэн Тхьэм фищI! Ди нэхъыжьыфIхэм фшэча гугъуехьыр фщызыгъэгъупщэн фымылъагъуу, узыншагъэ быдэ фиIэу, фи бынхэм, абыхэм къащIэхъуэжахэм я гуфIэгъуэ фыщымыщIэу ди япэ  куэдрэ Тхьэм фригъэт! - жиIащ абы.

АдэкIэ утыкум къихьащ щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Чыл Анзор. 

- ФIыщIэ фхузощI мы зэIущIэм кърихьэлIахэми ар къызэзыгъэпэщахэми. Сыхуейщ нэхъыжьыфIхэр ди жьантIэм фыдэсу, фи жьауэм дыщIэту, узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ фыщымыщIэу куэдрэ фытхуэпсэуну, щIэблэ  гъэса къытщIэхъуэну, - жиIащ Чылым.   

ЕджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ ягъэхьэзыра концертымкIэ зэIущIэр ягъэдэхащ.

Тхыгъэри сурэтри КЪАНКЪУЛ Зазий ейщ.

Поделиться: