Спорт хъыбархэр
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Аксенов Александр боксымкIэ и фэеплъу Краснодар крайм и Витязевэ къуажэм урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 15 - 16 зи ныбжь спортсменхэр икIи япэ увыпIищыр къэзыхьахэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ зэхэтыну зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Псори зэхэту Витязевэ щызэуащ боксери 165-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэну зэпеуэм цIыхуиплI щыIати, абыхэм ящыщу ГъущIапщэ Альберт етIуанэ увыпIэр къихьащ. Ди щIалэр щызауэр килограмм 54-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ, и тренерыр Куэшмэн Аслъэнщ.
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Рязань къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ бэнакIуэ 62-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ. МахуиплIкIэ зэхаша зэIущIэм хэта дзюдоистхэр медаль комплекту 16-м щIэбэнащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм щыщу килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ Уэрыш Къантемыр етIуанэ увыпIэр къихьащ икIи УФ-м спортымкIэ и мастерым и мардэр игъэзэщIащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм Уэзы Iэдэм (кг 66-рэ), Соблыр Атмир (кг 73-рэ), Уэсмэн Алихъан (кг 55-рэ) домбеякъ медалхэр къыщахьащ. 5 - 6-нэ увыпIэхэр яубыдащ КIуж Къантемыррэ (кг 60) ТекIуж Астемыррэ (кг 81-рэ). Япэ увыпIихыр къэзыхьэхар къэралым и командэ къыхэхам, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэр зыхэтым, хагъэхьащ. Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джэданэ Залым, Махуэ Олег, Ки Руслан, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
Спортым и хъыбархэр
07.05.2025 - 12:53 →
ТIуми медаль зырыз
07.05.2025 - 10:43 →
ЩОКЪАРЭ Азрэталий: Зыхуэмей хуитыныгъэ сабийм епт хъунукъым
06.05.2025 - 10:00 →
Спорт хъыбархэр
05.05.2025 - 13:00 →
ТекIуауэ къагъэзэж
|